ЩIалэгъуэ

Япэ хьэрып мазэрыкIуэ

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щIэныгъэлIхэр ящыщщ хьэршым нэхъ къыщытпэгъунэгъу уафэщIым и щIыIумрэ абы и Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэмрэ зыджыну яужь ихьахэм.

Вагъуэ шынагъуэхэр

Астрономхэм хьэршым къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытар квази-вагъуэкIэ зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).
Квазархэр, я зэпрыупIэр куэдкIэ нэхъ цIыкIу пэтми, нурыбэу къапихым гуащIагъэ ин дыдэ зэрызэрихьэмкIэ адрей вагъуэхэм емыщхь къэщIыгъэщ. Абыхэм я къэунэхукIэ хъуари, я зэхэлъыкIэри щIэныгъэлIхэм иджыри къыздэсым нэгъэсауэ яхузэхэгъэкIакъым. Аращ а пкъыгъуэхэм, вагъуэ абрагъуэхэм ещхьу зэщIэлыдэхэм, квази-вагъуэкIэ щIеджэри.

Заур

Ди къуажэр къуэм дэсщ. ГупэмкIэ къыщыт бгы фэхум и нэкIу дыгъэмыхъуэм гуэрэн-гуэрэнурэ ипхъа зей, къущхьэмышхейхэр къуажэм къыдоплъэ. ЩIыбагъымкIэ щыIэ ХьэнкIыргъуей мэзым къуалэбзухэм уэрэд къыщраш. Мэз цIыкIур тIууэ зэпызыупщI хуейм къуажэкхъэр итщ. Чыцэм къыхэплъ сын щхьэ плIимэхэм уи нэгу къыщIагъэувэж зызэман къуажэм дэсахэр.

Гугъэ уэзыгъэщIщ

Астрономхэм хьэршым аргуэру къыщахутащ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм зыгуэрхэмкIэ хуагъадэ планетэ. 

ЗэбгъащIэр IэщIагъэщ

  Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм щыщ ТIымыжь Заур щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, 20I2 гъэм лэжьэн щIидзащ «Метро» сату IуэхущIапIэм и оператору.

«Бэрбэч еджэныгъэхэр-2022»

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм папщIэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ «Бэрбэч еджэныгъэхэр-2022» щIэнIуатэм и лэжьыгъэр дыгъуасэ зэфIэкIащ.
Къыхэгъэщын хуейщ КъБКъУ-м и жылагъуэ-гуманитар институтым щIэнIуатэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100, КъБКъУ-р къызэрыунэхурэ илъэс 90 зэрырикъум ирихьэлIэу зэрызэхашар. Абы къищынэмыщIауэ, щIэнIуатэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьыгъэр бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ, 1967 - 1990 гъэхэм кафедрэм и унафэщIу лэжьа Урыс Хьэталий и фэеплъу екIуэкIащ.

XXI лIэщIыгъуэм бзылъхугъэ IэщIагъэу фIэкIа къамылъытэхэр

ГъэсакIуэ. ЦIыхухъум мы IэщIагъэр зригъэгъуэтыну къезэгъыркъым, сабийхэр нэхъыбэу анэ гулъытэщ зыхуэныкъуэри. Гъэшхэн, хуэпэн, кIэлъыплъын, и чэзум гъэжеин – ахэр зыхуэщIэнур бзылъхугъэращ. ЦIыхубзым сабийхэм я щэхухэр зрегъэщIэф, егъасэ, зрегъэужь.. ГъэсакIуэм и нэIэ щIэт сабий гупыр цIыхухъур зыпэмылъэщын Iуэхуу къалъытэ.

Мэлыхъуэхьэхэр

Пасэрей адыгэм и къулеигъэр былымыщхьэкIэ къабжу щытащ. Я къулеигъэр ирахъумэну абыхэм зэрахуэрт хьэфIхэр. 

Хымрэ щIымрэ я зэдэхъукIэр

Хышхуэхэм я инагъым хэхъуэ зэпытыр пэжмэ, апщIондэху щIым хэщIын хуеякъэ? - упщIэ къызэрыгуэкIщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мыбдежым щIыр хуэбгъадэ хъунущ псы къикъуэлъыкIым къытрищIэ тхъурымбэхэм, аращ континентхэм зыщIамыхъуэжри.

ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр

Дунейм ущытеткIэ цIыху куэдым уахуозэ, гуп зэхуэмыдэхэм уахохьэ, ар гуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ ирехъу, лэжьыгъэ IуэхукIи узыIууэр мащIэкъым. БгъэщIагъуэу, уигъэгупсысэу Iэджэ болъагъу, яIуэтэжу зэхыбох. Апхуэдэ хъыбархэм яхэтщ дыхьэгъ зыкъоми. Си нэгу щIэкIа е жаIэжу зэхэсха хъыбар кIэщI цIыкIу зыбжанэ зэхуэсхьэсащи фи пащхьэ изолъхьэ.
КъыщIигъэлъащ

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ