|
ЩIалэгъуэ
4 мая, 2022 - 08:30
Дигу къэдгъэкIыжынщи, НАСА – м и IэщIагъэлIхэм зэхагъэува Iэмэпсымэ телъыджэу Къэмыланджэ (Perseverance) зыфIаща роверыр -геолог, астробиолог къалэнхэр зыгъэзащIэ роботщ. ЩIэныгъэлIхэм къагупсысу Iэзэ дыдэу зэхагъэувэжа а Iэмэпсымэм килограмм I043-рэ и хьэлъагъщ.
29 апреля, 2022 - 15:24
Гур Насып лъыхъуэ ежьауэ Мылъкум IущIащ.
26 апреля, 2022 - 07:35
Адэшхуэ-анэшхуэхэм я жьауэм щIэту къэхъу сабийм и насыпщ. Сэри Тхьэ закъуэм къысхуигъэфэщат апхуэдэ насып.
Дадэ-нанэхэм жаIэж хъыбархэм ущIэдэIуу пщыхьэщхьэкIэрэ жыг щIагъым ущIэсыну сыт и уасэ?! Си нэр згъэупIэрапIэмэ, зыгуэр дэзгъэхункIэ сышынэу, сыщIэдэIурт абыхэм я хъыбар телъыджэхэм.
ДагъэIущырт, даущийрт. Уэ сыт ухуейми жыIэ, адакъэхэр Iуэуэ, нэху щыным зымащIэ дыдэ фIэкIа имыIэжу ди напIэ зэтетлъхьэу арат!
Сабиигъуэ... Сыту зэман телъыджэ. Таурыхърэ хъыбарыжькIэ гъэнщIа зэман дахэ...
22 апреля, 2022 - 11:09
Тырку къэралыгъуэм и актрисэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэу мы зэманкIэ къалъытэ Атагюль Неслихан и адэр адыгэщ, и анэр урысщ.
22 апреля, 2022 - 08:06
Iуэху гуапэ пщIэхукIэ, псэм гурыфIыгъуэкIэ зегъэнщIри, пщыз хъуа гуапагъэмкIэ аргуэру уогуашэ! БгуэшыхукIи нэхъри мэбагъуэ фIыр. Ар ягъэунэхуащ «Ппэгъунэгъум дэIэпыкъу» сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм.
21 апреля, 2022 - 08:55
БабыщитIыр зы анэ къришауэ зэшыпхъут, зэщIыгъут фIыуэ зэрылъагъуу, зэмыгъусэу щыплъагъу къэхъуххэртэкъым. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, гъатхэр къыщысым, тIури мэкIэцIри мэгъуэлъхьэж, я Iуэху зэхэмылъыжу.
18 апреля, 2022 - 13:06
Сабиигъуэм деж плъагъумрэ зэхэпхымрэ нэхъ гукъинэж хъу хабзэщ, цIыхум и хьэл-щэныр зэфIэувэнымкIи абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ.
18 апреля, 2022 - 10:30
Апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Геленджик (Хъулъыжъый, ХьэфIыцIей) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэм ящыщу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэм.
Страницы
|