|
ЩIалэгъуэ
18 марта, 2022 - 10:15
ДызыхуэкIуэ Iуащхьэм ухуэзышэ дэгъэзеигъуэр шынагъуэт, апхуэдизкIэ задэти, узытес шым и щхьэр ууейм къыщыжьыхэуэж къэхъурт…
17 марта, 2022 - 15:37
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лэжьакIуэхэр Кавказ Ищхъэрэ бгылъэ-металлургие институтым и лIыкIуэхэм иджыблагъэ щаIущIащ КъБКъУ-м хэт коворкинг-центрым. Ар теухуат щIэтIысхьэгъуэм пыщIа Iуэхугъуэхэм, а лъэхъэнэр хабзэм тету къызэгъэпэща хъуным.
17 марта, 2022 - 13:31
Налшык къалэ дэт курыт еджапIэхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум ехьэлIауэ. Ахэр хуэунэтIащ щIэблэр тхыдэм щыгъэгъуэзэным, я блэкIар нэхъ куууэ егъэджыным, ар хъумэн зэрыхуейм хуэущииным.
Налшык къалэ дэт, генерал Зокаев Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №8-м и музей гъэтIылъыгъэхэм иджыблагъэ къыхагъуэтащ альбом гъэщIэгъуэн. Илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, мы еджапIэм щIэса лъахэхутэ ныбжьыщIэхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхыгъэхэр сэтей къащIыжащ.
16 марта, 2022 - 15:00
Мэзкуу иджыблагъэ щекIуэкIа дунейпсо щIэныгъэ гъэлъэгъуэныгъэм нэхъ щIэупщIэ щызиIахэм, цIыхушхуэ зэкIуэлIахэм ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и плIанэпэр. Абы еплъыну хунэсащ цIыху мини I0-м щIигъу.
«Егъэджэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ» – аращ зэреджэр къалащхьэм щекIуэкIа 54-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм.
УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм, УФ-м Промышленностымрэ сату хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм, Мэзкуу и Правительствэм зэгъусэу къызэрагъэпэщ мы щIэныгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр хуэдэ зэхуэсхэм я нэхъ ин дыдэщ.
15 марта, 2022 - 09:00
Мы цIэр зезыхьэ бгыр Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм щхьэщыIэтыкIа Iуащхьэхэм ящыщ зыщ, метр 2804-рэ и лъагагъщ.
15 марта, 2022 - 07:10
Астрономхэр куэд щIауэ щыхьэт зэрытехъуащи, ди Дыгъэм ирагъэщхьу абы нэхъ къыпэгъунэгъу дыдэр Проксимэ Центаврэ зи фIэщыгъэ вагъуэ жьэражьэрщ.
9 марта, 2022 - 12:45
Астрономием ирилажьэхэм къызэрабжамкIэ, дыщыпсэу планетэр къызэрыунэхурэ блэкIа лъэхъэнэ мыцIыкIур сыхьэт 24-рэ фIэкIа зи мыкIыхьагъ жэщ-махуэу къызыфIэдгъэщIмэ, уахэм къыщыддэгъуэгурыкIуэ Мазэр иджырей щытыкIэм хуэкIуэу щызэпцIар дакъикъипщI дэкIа иужькIэщ – аращ а тIум я зэхуакум ныбжьу дэлъыр.
Мазэр ЩIы Хъурейм ауэ сытми къыдэщIыгъу мывэ скъар абрагъуэкъым. АтIэ, еджагъэшхуэхэм къызэрахутамкIэ, ар димыгъусатэмэ, дыщыпсэу планетэм мы зэманым иIэнур нэгъуэщI теплъэт, уеблэмэ дызэсэжа гъащIэри къыщымыунэхункIэри хэлът.
6 марта, 2022 - 08:40
«Компьютер Iэмалхэр педагогикэ щIэныгъэр хэзыгъахъуэщ» урысейпсо онлайн олимпиадэм кърикIуахэр къапщытэжащ. КъБКъУ-м педагогикэмкIэ, физическэ щэнхабзэмрэ спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и егъэджакIуэ нэхъыжь Пщыгъэуш Рузаннэ олимпиадэм щытекIуахэм ящыщщ.
6 марта, 2022 - 08:14
Хэти къыгурыIуэ къыщIэкIынщ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ къызэпызыуд Iэмалу экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зэрыщытыр. IэщIагъэлIхэм зы жьэу жаIэ щIэблэр зэфIэувэн щыщIидзэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ щысабийм щегъэжьауэ, зи гугъу тщIы Iуэхухэм ахэр щыхъумэным, цIыху гъащIэр абыхэм зэракъутэр къагурыгъэIуэным иужь зэритыпхъэр.
3 марта, 2022 - 12:54
Америкэмрэ Великобританиемрэ я геофизикхэм щIы лъабжьэм тенджыз абрагъуэ щIэту къахутащ. Ауэ ар мыдрей тенджызхэм ещхькъым, атIэ псы куэду зыпкъырыт брусит, къинэмыщI щIыгъэбэв зэмылIэужьыгъуэхэу зэхэлъщ.
Страницы
|