ЩIалэгъуэ

Джэдгъэф Залымджэрий и текIуэныгъэ

Сочэ къалэм дэт «Сириус» егъэджэныгъэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Финанс шынагъуэншагъэмкIэ япэ дунейпсо олимпиадэ. Абы хэтащ Белоруссием, Къэзахъстаным, Къыргъызстаным, Урысейм, Таджикистаным, Тыркуменистаным, Узбекистаным щыщ ныбжьыщIэ 300-м щIигъу.

Шыбзыхъуэ Залинэ и IэрыкIхэр

Зэманым декIу! Апхуэдэу хужысIэнт Шыбзыхъуэ (Шишман) Залинэ. Инджылызыбзэм хуеджащ, иролажьэ. IэпэIэсэщ - адыгэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ лэрыпсхэр ещI. Шыбзыхъуэ Залинэ ди лъэпкъым и шыфэлIыфэр зыхъумэхэм ящыщщ.

ЩIэдзапIэ дахэ

И ныбжькIэ щIалэми, лэжьыгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэмылъми, зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIу зыкъигъэлъэгъуащ дохутыр ныбжьыщIэ ЛIыхъугу Аринэ. Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щеIэзэу щыIэ госпиталым езым и жэрдэмкIэ мазиплIкIэ щылэжьащ а пщащэр. Зыхэт гупым задригъэкIурэ сымаджэхэм зэрыхъукIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу IэнатIэ мытыншыр езыхьэкIа дохутырым щытхъу мащIи иIэкъым.

Ди щIалэхэр пашэщ

Иджыблагъэ Наро-Фоминск щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щыбэнащ къэралым и спортсмен нэхъыфI 250-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм. 

Африкэм щолажьэ Къармэр

Илъэсищ хъуауэ Къармэ Астемыр Африкэ Ипщэм щолажьэ, Йоханнесбург къалэм дэт AxxonSoft (ITV) IуэхущIапIэм хьэрычэт IэнатIэм зегъэужьынымкIэ и унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэфэщауэ. ЩIалэщIэм и лэжьыгъэр зытеухуар шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ программэхэр зэхэгъэувэнырщ.

Адыгэшым и псынщIагъым хохъуэ

ФокIадэм и 24-25-хэм «Отрада» шыгъэжапIэм щызэхэта шыгъажэ кIыхьхэмкIэ зэпеуэм пэрыт увыпIэхэр адыгэшкIэ къыщахьащ.
 Мазищ къудейщ дэкIар Заряд зи цIэ а шы дыдэм тесу Щоджэн Щамел километри I00 гъуэгуанэм япэ увыпIэр зэрыщызыIэригъэхьэрэ. Иджы шымрэ шумрэ зэпача гъуэгуанэр километр 20-кIэ нэхъыбэщ. Япэу къызэрысам нэмыщI, Щоджэн Щамелщ «Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым» и япэ ахъшэ мылъку саугъэтыр зратар.

ЕджакIуэхэм я урысейпсо зэпеуэхэр яублэ

Ди къэралым и курыт школхэм я еджакIуэхэр зыхэтыну урысейпсо олимпиадэхэр мы махуэхэм яублащ. Адрей илъэсхэм хуэмыдэу, мыгъэрей зэпеуэхэм щIэ куэд къыхыхьащ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэщIэм и жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар «Сириус» егъэджэныгъэ центрым и унафэщIхэращ. 
А IуэхущIапIэм и пашэ Шмелёвэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, 2021-2022 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу екIуэкIыну школ олимпиадэхэм еджакIуэ куэд къызэщIаубыдэнущ. Зэхуэдэ Iэмалхэр яIэу зэпеуэхэм хэтынущ УФ-м хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми щыпсэу ныбжьыщIэхэр. 

Нью-Джерси нэса гуащэхэр

Налшык къалэм щыщ программист Бер Марьянэ Интернетым щиIэ блогым езым ид гуащэ цIыкIухэр щегъэлъагъуэ. Дэрбзэр IэщIагъэм хуемыджами, Марьянэ и IэдакъэщIэкIхэр къызэрехъулIэр къегъэлъагъуэ гуащэхэм щIэупщIэ зэраIэм. Ахэр нэсагъэххэщ Нью-Джерси, Москва къалэхэм, Иорданием, Куржым, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум я щIыналъэхэм. Марьянэ къызэрыджиIамкIэ, и зы гуащэ цIыкIу Парижи здахьащ.

Москва щекIуэкI зэпеуэм хэтщ

 ШколакIуэхэм я деж къыщыхалъхьа «Президент зэпеуэхэр» Урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщахэр иджыблагъэ ягъэнэIуащ. КъБР-м къыбгъэдэкIыу абы хэтщ Тэрч щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэр. 

Хэт тхылъ еджэжыр?!

Нобэрей щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэмкIэ мыарэзыуэ псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIыу куэдрэ зэхыбох.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ