ЩIалэгъуэ

Дызэригугъэм хуэдэкъым

ЦIыхухэм къызэралъытэмкIэ, ЩIыр - хъурейщ, Меркурийм нэхърэ нэхъ планетэ пщтыр Дыгъэ системэм хэткъым, Дыгъэр - гъуэжьщ. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, ар пэжкъым. ЩIы лъабжьэр, зэпымыууэ, зэрыхъейм къыхэкIыу, ди планетэм и щхьэфэри къуабэбжьабэщ, зэпэхъурейуэ зэрыщымытым и щхьэусыгъуэри аращ. ЩIым и гравитацэри псом дежи щызэхуэдэкъым, атIэ иныкъуэхэм и деж нэхъыбэщ е нэхъ мащIэщ.

Дапщэщ Iуащхьэмахуэ къыщыушынур?

Европэ псор зэрыпагэ Iуащхьэмахуэр Iуащхьэ къудейуэ къэтлъытэу дыкъокIуэкI ижь-ижьыж лъандэрэ. ЩIэныгъэм зиужьщ, къэхутэныгъэхэр нэхъыбэ хъури, Iуащхьэмахуэ зэрывулканыр къэтщIащ. Нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэм жаIэрт ар вулканыжьу, мышынагъуэу, «жеижауэ». Ауэ Iуэхур дызэригугъэм щыщыIэкъым.

Дэнэ щIыдагъэр къыздикIар?

 ЩIыдагъэр димыIэу ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым. Абы гъэсыныпхъэм къыщыщIэдзауэ хущхъуэхэм щиухыжу куэд къыхещIыкI цIыхум. АтIэ, дэнэ ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум щIым къыщIиш гъэсыныпхъэ нэхъыщхьэр къыздикIар, абы куэдрэ дрикъуну?

КIэрыхубжьэрыхум дыщIимыгъэнэн папщIэ

Нобэ ЩIым щыпсэу цIыху бжыгъэм хуэдиз зэуэ дунейм щытета къэхъуакъым - меларди 7,5-рэ дохъу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, иджы хуэдэу кIэрыхубжьэрыху куэд зэи щыIакъым.

Уэшх фIыцIэм и щхьэусыгъуэр

Интернетым исхэр щIэгъэхуэбжьауэ топсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ къыщешха уэшх фIыцIэм. Абы цIыхухэр ирогузавэ, зищIысымрэ ар цIыхум зэран зэрыхуэхъункIэ хъунумрэ щошынэ. Япэрауэ, зэхэгъэкIыпхъэщ уэшхыр зищIысымрэ ар къыздикIымрэ.

Тетис тенджызыр

Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым езы Кавказыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар.

Iуащхьэхэр

Ижь-ижьыж лъандэрэ тхакIуэхэмрэ зып­лъы­хьакIуэхэмрэ Къэбэрдей тIуащIэм я Iуащхьэхэм тетхыхьу, ягъэщIагъуэу къекIуэкIащ. Нобэми абыхэм хъыбарыжь куэд тражыIыхь. Ауэ куэдым ящIэркъым а Iуащхьэхэр къызэрыхъуам и пэжыпIэр. Дэ нэхъ пыухыкIауэ зи гугъу тщIынур Псыхуабэрэ Минводрэ я щIыналъэм ­хиубыдэ Iуащхьэхэрщ.

Хьэрэ-Кхъуэрэ

Зеикъуэ щыIэщ Хьэрэ-Кхъуэрэ жыхуаIэ бгыр. А цIэр къызытекIар и щыгур хьэмрэ кхъуэмрэ ещхьу «къыхэбзыкIауэ» зэрыщытарщ, уэшхым, уэсым, жьапщэм бгыщхьэр илъэсащи, «хьэри кхъуэри» иджы щыплъагъужыркъым.

ГъащIэм хуэнабдзэгубдзаплъэ

Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ, усэ фащэкIэ хуэпа тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIыр Псыгуэнсу къуажэм щыпсэу Мыз Радик Борис и къуэрщ. Ар и IэщIагъэкIэ агрономщ. И псэм щыщIэр, и гум псэхугъуэ къезымыт гупсысэхэр куэд щIауэ абы третхэ тхылъымпIэм. Ауэ ахэр нэгъуэщIхэм яригъэлъагъу зэрыхъурэ куэд щIакъым. Мызым и усэхэм ящIэлъщ философие гупсысэ, щIагъыбзэ, фэрыщIагъ яхэплъагъуэркъым, куэдым урагъэгупсыс. Псом ящхьэращи, Радик и бзэр къулейщ.
Ди гуапэу абыхэм ящыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.

Псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэм я щIыналъэ

ЩIыпIэ жыжьэхэм

Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ – Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ