|
Спорт
12 марта, 2024 - 15:22
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ хэтащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэ хэхам. Абы щыхэплъэжащ «Къэралым исхэр хъумэн, цIыхухэм я узыншагъэмрэ псэукIэмрэ егъэфIэкIуэн» къэрал проектыр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, зэлэжьыпхъэхэм, апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2030 гъэ пщIондэ къапэщылъ къалэнхэр.
12 марта, 2024 - 12:18
Ставрополь крайм киокусинкаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ а щIыналъэм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм ягъусэу абы щызэпеуащ Астрахань областым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным я спортсмену 200-м нэблагъэ.
Ди республикэм и щIыхьыр яхъумэу абы щызэуащ каратист ныбжьыщIэу 11 икIи, абыхэм ящыщу, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Таттаевэ Аминэ (кг 40), Биткаш Ашшур (кг 40), Хомченкэ Валерэ (кг 45-рэ), Шыд Ислъам (кг 60) сымэ.
11 марта, 2024 - 14:08
Дагъыстэным и Каспийск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэхьэзэхуэ. Ар хуэунэтIауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным икIи абы щызэпеуащ илъэс 18 - 20 зи ныбжь щIалэхэмрэ нэхъ балигъхэмрэ.
11 марта, 2024 - 13:05
Екатеринбург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм зи Iэпкълъэпкъым сэкъат зиIэхэм пауэрлифтингымкIэ я чемпионат. Абы кърихьэлIащ къэралым и спортсмен 200-м щIигъу, къитащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым.
6 марта, 2024 - 14:53
Владикавказ къалэм и «Манеж» спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ 16-м я бэнакIуэу 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуахэр.
6 марта, 2024 - 13:51
КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Налшык къалэм и «Каисса» шахматымкIэ уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхубзхэм я 66-нэ чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр. Абы щызэхуэзащ хъыджэбзих.
КIэух зэпеуэр къекIуэкIыгъуитIу зэхэтащ, псори тIорытIэ зэхуэзэу. ИкIи джэгугъуипщI абыхэм ирагъэкIуэкIа нэужь я зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжри, наIуэ къэхъуащ япэ увыпIэр Яныкъуей жылэм щыщ Жантудуевэ Амалие зэриубыдар.
6 марта, 2024 - 10:00
Урысейм универсальнэ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 - 17-хэм ит ныбжьыщIэхэмрэ илъэс 18-20 зи ныбжь щIалэгъуалэмрэ. Къэралым и щIыналъэ 45-м я лIыкIуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху 600-м щIигъурт.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, «Лайт» зэпеуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр къихьащ. Япэ хъуар Мэзкуу областым и спортсменхэрщ, етIуанэр мэзкуудэсхэрщ.
5 марта, 2024 - 13:55
Бахъсэн щIыналъэм щыщ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо спорт лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ илъэси 8 - 14 зи ныбжь хъыджэбз, щIалэ цIыкIу.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыдащ Къубэ -Тэбэ къуажэм къикIа спортсменхэм. ЕтIуанэ хъуащ Бахъсэнёнкэ жылэм щыщ тхэквондистхэм. Ещанэ увыпIэр ялъысащ Къулъкъужын Ищхъэрэм и командэм.
Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ Къулъкъужын Ищхъэрэм и курыт еджапIэ №1-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ТхэквондомкIэ и федерацэмрэ.
5 марта, 2024 - 11:55
КИФЩI-м боксымкIэ пэшэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ставрополь крайм и Суворовскэ жылэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту 368-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Ныр Идар (кг 54-рэ), Мартюшенкэ Алинэ (кг 57-рэ), Щауэжь Темырлан (кг 75-рэ), Шавердинов Аслъэн (кг 80), Занилов Идар (кг 86-рэ) сымэ.
Гъубжокъуэ Рустам (кг 51-рэ), Журавковэ Валерие (кг 50), Аджиковэ Дамирэ (кг 54-рэ) сымэ ещанэ хъуащ.
5 марта, 2024 - 07:01
Мексикэм и Акапулькэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ, цIыхубз бэнэкIэмкIэ 37-нэ Пан-Американ чемпионатыр. Абы щызэпеуащ Америкэ щIыналъэхэм я къэралхэм я бэнакIуэхэр.
Страницы
|