|
Спорт
31 декабря, 2023 - 12:27
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Дон Iус Ростов къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Казаров Сурен и фэеплъу щытащ ар. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 200-м щIигъу.
Республикэм и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм хэта Къущхьэ Хьэжы-Муратрэ (кг 79-рэ) Кумыщ Тамерланрэ (кг 125-рэ) япэ увыпIэр къахьащ. Дол Азэмэтрэ (кг 70) Бажэ ТIэхьиррэ (кг 86-рэ) етIуанэ хъуащ.
31 декабря, 2023 - 09:00
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и фэеплъу дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и гъэсэн цIыкIуи 100-м щIигъу.
29 декабря, 2023 - 14:45
НыбжьыщIэхэр зэпоуэ
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и «Победа» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ щIыналъэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ 2008-2016 гъэхэм къалъхуахэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым, Ставрополь крайм, Армением я спортсмен 500-м нэблагъэ, псори зэхэту команди 8 хъууэ.
КъБР-м и командэм хэту абы щыбэнащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и ныбжьыщIэхэри икIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьащ.
24 декабря, 2023 - 09:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Санкт-Петербург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ щIалэгъуалэм дзюдомкIэ я дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Ахэр хуэунэтIауэ щытащ Олимп джэгухэм я чемпион Хайбулаев ТIахьир и саугъэтыр къэхьыным икIи «Аврора» лигэм и зэпеуэм и ещанэ Iыхьэт.
24 декабря, 2023 - 08:19
Къэбэрдей-Балъкъэрым ипэкIэ зэи къыщымыхъуауэ адыгэ бзылъхугъэ, пщащэ лъагъугъуафIэ, спортсмен бэлыхь Бекъул Миланэ, хьэлэмэтращи, адыгэ щIыналъэм - Адыгэ Республикэм щыIэу - тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) Урысей Федерацэм и чемпионату мы гъэм, Мейкъуапэ щекIуэкIам япэ увыпIэр къыщихьащ. Абы къыдэкIуэу тхэквондомкIэ дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэ лъапIэри къыфIащащ, ари ди республикэм щыяпэу. Миланэ и ныбжькIэ щIалэ щхьэкIэ хузэфIэкIащ къэралым и командэ къыхэхам хыхьэн, икIи и хьэлъагъ елъытауэ зыкъыщигъэлъагъуэ килограмм 46-рэ хъу гупым я деж бжьыпэр УФ-м щиIыгъщ.
Адыгэ пщащэ цIыкIум тхэквондом щиIэ ехъулIэныгъэхэм уатепсэлъыхьын щIэбдзэмэ, зэрыжаIэу, махуэней пхутегъэкIуэдэнущ. Медалрэ кубокыу Миланэ иIэр щэ бжыгъэм зэрынэхьэсащ. Адрей илъэс блэкIахэмкIэ умыIэбэжу, мы гъэ къудейм дунейпсо утыкушхуэхэм абы щыхузэфIэкIахэр къыхэбгъэщмэ, Африкэм щыIэ Сенегал къэралым и къалащхьэ Даккар бадзэуэгъуэм щекIуэкIа «Гран-при» зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Абы иужькIэ екIуу хэтащ Франджым и къалащхьэ Париж и «Гран-при» зэпеуэм, иужькIэ Мейкъуапэ щекIуэкIа УФ-м и чемпионатым щытекIуащ, а псом ищIыIужкIэ, щэкIуэгъуэ мазэм, къэралым и командэ къыхэхам хэту Белоруссием и «Кубок зэIухам» япэ щыхъуащ.
22 декабря, 2023 - 13:28
Футболым и дунейпсо махуэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм щагъэлъэпIащ мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ 2023 гъэм къриубыдэу ехъулIэныгъэшхуэ зыIэрызыгъэхьа, къагъэщIэрэщIэжа «Нарт» футбол командэм и футболистхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
21 декабря, 2023 - 14:29
Къуажэхэр зэщIагъаблэ
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и жылагъуэхэм я уэрамхэу, псори зэхэту километр 28-рэ хуэдиз я кIыхьагъыу, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэблэнущ. Абы хыхьэнущ Дзэлыкъуэкъуажэ, Светловодскэ, ЯтIэкъуэ, Бэтэх, Псынадахэ, Дзэлыкъуэдэс, Къармэхьэблэ къуажэхэр.
16 декабря, 2023 - 15:16
Хутэ Беслъэн и ехъулIэныгъэ
Кудо спорт лIэужьыгъуэмкIэ Урысейм и ныбжьыщIэхэм я 30-нэ зэхьэзэхуэ Мэзкуу щекIуэкIащ, щIыналъэ 56-м къикIауэ спортсмен 400-м щIигъу хэту. Кавказ Ищхъэрэм и командэм щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалищ щыIащ абы. Ахэр Бетрожь Артур, Хутэ Беслъэн, Надзырэ Идар сымэщ.
13 декабря, 2023 - 17:50
Гуп къызэрагъэпэщ
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр гъэлъэпIэным хуэунэтIауэ мас-рестлингымкIэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ илъэс 2007 - 2008 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэу 50-м щIигъу.
Кумыщ Амдул, Къардэн Дамир, Тохъутэмыщ Аслъэн, Джэрыджэ Айдэмир, Хъуэт Темырлан сымэ я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр зэпеуэм къыщахьащ.
12 декабря, 2023 - 14:01
Тхэквондо
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Налшык къалэм дэт «Гладиатор» спорт комплексым дыгъэгъэзэм и 1- 5-хэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) Iуащхьэмахуэ и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа 22-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 20-м я спортсмен ныбжьыщIэрэ щIалэгъуалэу 700-м щIигъу.
Страницы
|