Жылагъуэ

Псыхэр къабзэ хъун папщIэ

Ди республикэм нобэ къыщызэIуахащ «Урысейм ипс» урысейпсо Iуэхур, абы ипкъ иткIэ ягъэкъэбзэнущ псы ежэххэмрэ псыхъуэхэмрэ.
«Зи гугъу тщIы акцэр «Экология» лъэпкъ проектым и зы Iыхьэу щыт «Зыми хуэмыдэ псыежэххэр хъумэныр» федеральнэ проектым хыхьэу ирагъэкIуэкIыу аращ, ар къыхэзылъхьар Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимирщ.
«Урысейм ипс» Iуэхур ди къэралым и щIыналъэ псоми къыщызэдащтащ. Си щхьэкIэ, си гуапэу, фIэхъускIэ захуэзгъэзащ акцэм хэтыну къыдэкIа псоми, ар къызэзыгъэпэщахэми.

Архитекторхэм я зэфIэкIхэр

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр. Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу ягъэуващ. 
 

Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц. Ар теухуауэ щытащ Урысей Фе­дерацэм медицинэ хуэ­Iу­хуэ­щIэхэр фIагъ пылъу икIи шынагъуэншагъэу къы­­щызэгъэпэ­щы­ным­кIэ лэжьыпхъэхэм. Зэ­хыхьэм хэтащ къэралым узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и IэнатIэм и IэщIагъэлI пашэхэр, хэгъэгу зэ­мылIэужьыгъуэхэм щы­Iэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, дохутырхэр.

ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!

Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэкум щыпсэу сабийхэр зэрымынасыпыфIэ щыIэтэкъым - псынэпс къабзэ щIыIэмыл къыщыщIэж щIыпIэр я гъунэгъут. Гъэмахуэ махуэ кIыхьхэр абдеж щагъакIуэрт. Псынэр зыдэт къуэм и кум мылъагэ дыдэу зы Iуащхьэ итт. Курп псыежэхыр абдеж къызэрысу, тIууэ зрищIыкIырти, абы и хъуреягъкIэ къежэкIырт, Iуащхьэр къызэранэкIа нэужь, зэхэлъэдэжырти, и лъагъуэм пищэрт. Псынэпсыр зыдэт къуэ лъагэм и джабэхэм кIэращIыхьа абгъуэхэм жэнэт бзу фIэкIа умыщIэну къуалэбзу зэмылIэужьыгъуэхэр ист. 

Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ я къарур

Куэдрэ къохъу зи цIэ къиIуэн хуей, гъэлъэпIапхъэ цIыху къызэрыгуэкIхэр гулъытэншэу къыщынэ. Газетым къытехуэну зыхуэфащэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, IэщIагъэ, щIэныгъэ егъэлея зиIэхэм я закъуэкъым, цIыху хэтыкIэ екIурэ Iущыгъэ дахэкIэ адрейхэм къахэлыдыкIхэми гулъытэ яхуэщIыпхъэщ. Ар и зы щхьэусыгъуэщ нобэ къалэмыр къыдэзыгъэщтам.

Лэскэн районым щыщ Аргудан къуажэм къыщалъхуа Шырыкъу Тамарэ ТекIужь Iэмин и пхъум «Адыгэ псалъэ» газетыр и псэм хэлъым химыхыну фIыуэ илъагъуу зэрыщытам къыхэкIыу, езым теухуа тхыгъэ кIэщI абы къытредгъэдзэжыну мурад тщ1ащ.

Шы гъэхъуным теухуа хабзэщIэ

Нобэ республикэм и мэкъумэш-фермер хозяйствэхэм шы гуартэшхуэхэр егугъуу щызэрахуэ. Мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ ахэр, адрей Iэщышхуэхэм ящIыгъуу, гъэмахуэ хъупIэхэм яшэ, бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм шэщхэм щIэтщ. ТIум щыгъуэми абыхэм гулъытэ яхуэщIынырщ къащта хабзэр зытегъэщIари. 

Бжэ зэIухахэм я махуэ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр. Бжэ зэIухахэм я махуэм ирихьэлIэу зэхэта зэIущIэхэр къызэрагъэпэщащ Урысейм и лъахэхутэхэм я зэщIэхъееныгъэм къыхилъхьа, «Жыджэрагъ зыхэлъ Iуэхухэр» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэм теухуауэ. Апхуэдэу а зэIущIэр екIуэкIащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэмрэ ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ IуэхущIапIэмрэ зэрызэдэлажьэ планым ипкъ иткIэ.

Гугъуехьыр пщIэншэ хъуакъым

Уэхъутэ Анзор КъШР-м къыщыдэкI газетым и редактору щагъэувам газет Iуэхум пэжыжьэ дыдэт егъэджакIуэ къызэрыкIуэт. Редакцэми зыри IэщIэлътэкъым, транспорт иIэтэкъым. Пэжщ, газетым и мэкъумэш къудамэр зыIыгъ Къардэн Хьэсанэ езым и ахъшэкIэ къищэхужауэ лъакъуэрыгъажэ иIэти, ар къигъэсэбэпырт.

Гъатхасэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI

Бахъсэн шIыналъэм мы илъэсым гъавэхэкIым гектар мин 32-м нэблагъэ щыхухахащ. Илъэс къэси хуэдэу, гулъытэ нэхъыбэ игъуэтащ шхыныпхъэуи, Iусыпхъэуи, жылапхъэуи зыщыгугъ нартыхум - гектар мин I8,5-м ноблагъэ. Ар илъэс блэкIам хасам нэхърэ гектар мини 2,5-м щIигъукIэ нэхъыбэщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ