|
Щэнхабзэ
30 апреля, 2024 - 10:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы-хьэу яухуа гъуазджэ галереем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я лэжьыгъэхэр. Ахэр Сокъур Каринэ, Кантиев Заурбэч, ПIаз Iэминэ, Романовская Ленэ, Атэлыкъ Мариам, Гузеевэ Наидэ, Бадэ Алим, Жэбалы Заирэ, Иуан Рустам сымэщ.
29 апреля, 2024 - 07:01
Дунейм къафэ лIэужьыгъуэу тетым я махуэшхуэр мэлыжьыхьым и 29-м ягъэлъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ. Махуэр зыгъэнэIуар егъэджакIуэ икIи хореограф Гусев Пётрщ, балетмейстер, балетым хуэфащэ увыпIэ гъуазджэм щиубыдынымкIэ куэд зылэжьа, «иджырей балетым и адэ» цIэ лейр зыфIащыгъа Новерр Жан-Жорж (1727 - 1810) къыщалъхуа махуэм техуэу.
29 апреля, 2024 - 07:01
Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэпкъыбэ фестивалыр.
29 апреля, 2024 - 07:01
Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къыхузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм.
28 апреля, 2024 - 12:02
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ли-тературэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ.
27 апреля, 2024 - 14:14
Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым.
27 апреля, 2024 - 10:04
Зэпеуэхэр
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щекIуэкIащ музыкэ литературэмкIэ «Юный музыковед» олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэр. Ар теухуауэ щытащ урыс композитор цIэрыIуэ Глинкэ М. И. къызэралъхурэ илъэс 220-рэ зэрырикъум.
27 апреля, 2024 - 07:01
Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна» VII дунейпсо зэпеуэр. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэр щытекIуащ абы.
26 апреля, 2024 - 12:39
НыбжьыщIэхэм я библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Бекмурза Пачев и роль одаренной личности в становлении новописьменных литератур» зыфIаща зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
23 апреля, 2024 - 15:33
Аруан щIыналъэм и мызакъуэу, ди республикэми, къэралми, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щыцIэрыIуэ «Нартхасэ» къэфакIуэ ансамблыр 1966 гъэм къызэрагъэпэщащ. Гуп гъуэзэджэр Нарткъалэ и мызакъуэу, ди республикэми, щыцIэрыIуэщ. Аруан районми абы и къалащхьэми зы щэнхабзэ Iуэхугъуэ щекIуэкIыркъым, гупыр жыджэру хэмыту, и къэфэкIэ екIумкIэ цIыхухэм я гукъыдэжыр къиIэту.
Страницы
|