Тхыдэ

Тызылыкъуэр пэщIэдзэт

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.

Зы мащэм цIыху 233-рэ

1868 гъэм Къундетхьэблэ (Псыжь адрыщIкIэ) щыщ гуп - Бэбыгу Хьэжы, Къуэндаур, Дэхъушыкъуей, Шэрихь Адэмей, Мэрэнкъул, Ихьбацэ сымэрэ абыхэм я благъэхэмрэ – щIэлъэIуащ Тыркум Iэпхъуэну хуит къащIыну. ЩаутIыпщым я унэлъапсэмрэ мылъкумрэ ящэщ, бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ гум ирагъэтIысхьэри, гъуэгу теуващ, Керч нэс зэпрысыкIыну я мураду. 

АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ

Каспий тенджызым и Iуфэхэм ящыщ зым Бекович-Черкасскэм и цIэр зезыхьэ щIыпIэ яхэтщ. Дауи, щIыфIащам и щхьэусыгъуэми хуэдэу иджы абы щыгъуазэр мащIэ дыдэщ. Езы адыгэлIым и къекIуэкIыкIами тепсэлъыхьыжыркъым, ар гъэщIэгъуэныщэ пэтми.
… 1713 гъэм тыгъэшхуэхэр къыхуишэри, Урысейм и пащтыхь Петр Езанэм и деж къэкIуащ тыркумэн къулей Непес Ходжа. ХьэщIэм Пётр къигъэгугъащ Хивэ щIыналъэм зыпищIэнымкIэ дэIэпыкъуу щытмэ, абы урыс хьэпшыпхэр къуэкIыпIэмкIэ жыжьэ - Индием нэсыху - ишэну.

Нартхэм я ныбжьыр

Иджыблагъэ Тыркум къыщыдэкIащ тхылъ гъэщIэгъуэн, абы щыпсэу щIалэ Балъкъэр Селчук итхауэ. Ар адыгэбзэкIи тыркубзэкIи къыдэкIами, тыркубзэкIэ дунейм къытехьа тхылъ 4000-р зэбграхащ, адыгэбзэкIэ тхам щыщу 50 къудейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсар.

Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI

2024 гъэм илъэси 110-рэ ирокъу «Дикая дивизия» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна, Япэ дунейпсо зауэм хагъэтын папщIэ, кавказ лъэпкъ псоми къыхашауэ щыта шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ.

Де Марикур Леон

Сент-Сиррэ Иерусалимрэ

гукъэкIыж пычыгъуэ

Париж, 1868 гъ.

Агуий и Iэхэлъахэм

Санкт-Петербург щыщ археологхэм КъухьэпIэ Кавказым хы ФIыцIэмкIэ гъэза и псыхъуэ цIыкIухэм ящыщ зым зэрымыщIэкIэ зыщрихьэлIа испы унэжьу зэтракъутэну зыхунэмысам и лъабжьэм къыщIагъуэтащ домбеякъ лIэщIыгъуэхэм псэуа цIыхухэм я хьэдэкъупщхьэхэмрэ укъызэмыджэжыф тхыпхъэщIыпхъэ гъэщIэгъуэнхэр зытет мывэ джафэ хъуреймрэ. АбыкIэ хъыбар зэбгригъэхащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Материальнэ (Нэрылъагъу, Пкъы зыщIэт) щэнхабзэм и тхыдэмкIэ и институтым.

МыIэрысэр щехуэхын щIыпIэ имыIэжу…

 «Удихьэхыу уоплъ ансамблым хэт щIалэхэм я къафэм. Ахэр я Iэпкълъэпкъ псомкIи, уеблэмэ нэкIи къофэ. Жану, псынщIэу ягъэлъагъуэ къэфэкIэхэм еплъыр зрегъэгуакIуэ... ЦIыхубзхэми я зыIыгъыкIэм хэхауэ утепсэлъыхь хъунущ. Нэхъ щэныфIэу щытыхункIэ, нэхъри удахьэх абыхэм... ЩIалэхэми хъыджэбзхэми къащыпс фащэхэр нэхъ дахэж зыщIыр, къызэрысщыхъумкIэ, я лъэпкъым папщIэ пагэу ар абыхэм зэрызэрахьэрщ» - мыпхуэдэу щатхат Буэнос-Айрэс къыщыдэкI «Кларин» газетым. Псалъэ дахэхэр зыхуэгъэзар дызэрыгушхуэ «Кабардинка» къэфакIуэ гуп цIэрыIуэрт.

Дэнэ лъэпкъ щхьэхуэхэр къыздикIар?

Ди къэралым хуэдэу зи гъунапкъэхэр ин дуней псом теткъым, ауэ апхуэдиз щIымрэ псымрэ я зехьэнри тыншу къекIуэкIакъым. Зэман жыжьэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, абы папщIэ къагъэсэбэпын хуей хъурт Iэмал щхьэхуэхэр, уеблэмэ хабзэм щебакъуи щыIэу. Дауэ мыхъуми, ящIэр щIащIэр Урысей къэралыгъуэм и зыужьыныгъэмрэ цIыхухэм я псэуныгъэр егъэфIэкIуэнымрэт.

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ

Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъыбэрэ къыхэхуэ псыцIэхэм ящыщщ Псыжь и цIэр (кIахэ адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ – Пшызэ). Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Псыжьрэ абы хэлъадэ псыхэмрэ (Лабэ, Щхьэгуащэ, Инжыдж, Адэгум, Уарп, нэгъуэщIхэми) я Iуфэр лъапсэ яхуэхъуауэ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрыгъуэгурыкIуам – ар Кавказ къуршым и дыгъэмыхъуэмкIэ. Кавказ къуршым и дыгъафIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хы Iуфэм щыпсэуа адыгэхэм я щIыналъэм щежэх псыхэми я цIэ куэд ущрохьэлIэ нарт эпосым.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ