Термометрыр къутамэ…

ЦIыхур сымаджэ хъуа нэужь и Iэпкълъэпкъым и пщтырагъыр къызэрапщ термометрыр (градусникыр) къутэмэ, абы ит джынасур (ртуть) зэбгрож. Абы къыхиху гъуэзыр хуабжьу щхъухь гуащIэщ, уз зэхуэмыдэхэр хэпхынкIэ шынагъуэу. Аращи, асыхьэту зэщIэкъуэжын хуейщ. Дауэ?

Джынасур унэ лъэгум зэхуаку иIэмэ донэ, алэрыбгъум хопщIэ, ткIуэпс цIыкIу зыбжанэу зэкIэщIожри, зэхуэпхьэсыжыну гугъу мэхъу. 

ЦIыхур джынасум и гъуэзыр жьэдишэмэ, и жьэжьейхэм, тхьэмщIыгъум, щхьэкуцIым йотIысхьэри, хуэм-хуэмурэ къеузын щIедзэ. ЯпэщIыкIэ цIыхум и щIыфэр, и жьэ кIуэцIыр къощэщ, Iупсыр куэду кърегъаблэ, IукIэ гъущIымэ зыхещIэ, ныбажэ мэхъу, и щхьэр мэуз, зэпкъырылэлу мэхъу, и Iэхэр мэкIэзыз, и Iэпкълъэпкъыр мэсыс. ИкIэм - икIэжым, псантхуэм йоуэри, делэ ещI.

Аращи, градусник фкъутамэ, псом япэ, пэшым щIэсхэр икIэщIыпIэкIэ щIэвгъэкI. Псом хуэмыдэу сабийхэмрэ унэ псэущхьэхэмрэ. Сыту жыпIэмэ, зэщIэлындэу зэкIэщIэжа ткIуаткIуэр яфIэтелъыджэ хъунурэ ириджэгуну, яшхыну хэтынущ.

АдэкIэ, унэм пэшу иIэм я бжэхэр ягъэбыдэ, щхьэгъубжэхэр Iуах. Жьы зэпеуэ щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым! КъыкIэлъыкIуэу зы цIыху балигъ гуэрым хьэфэ Iэлъэ зыIэретIагъэ, и лъакъуэхэм целлофан кърешэкI, хъыдан псыфкIэ и жьэмрэ и пэмрэ щIехъумэри, джынасур зэхуехьэсыж.

Зыщывмыгъэгъупщэ! Пылесоси жыхампхъи къэбгъэсэбэп хъунукъым, джынасур зэхуэпхусыжын уи гугъэу къепхуэкIынкIи Iэмал иIэкъым!

Джынасур зэрызэхуахьэсыжыр дагъэм хэгъэуа салфеткэщ, газет псыфкIэщ. Апхуэдэуи къагъэсэбэп скотч, лейкопластыр, бжьэхуц. Зэхуакухэм дэна ткIуаткIуэр шприцкIэ, мастэкIэ къыдагъэкъэбзыкIыж. Пэш ягъэкъэбзэжам и щхьэгъубжэхэр дакъикъэ 15 - 20 къэскIэ Iуахыурэ,  тхьэмахуэкIэ жьы къабзэ къыщIрагъахуэ.

Градусник къутар алэрыбгъум техуамэ, и къуапэхэмкIэ къыщыщIадзэри, джынасур къыкIуэцIымыжын хуэдэу, зэкIуэцIалъхьэ, щIыбым щIахри, зыщIыпIэ ирадз. Ауэ, япэщIыкIэ, алэрыбгъу едзам къыкIуэцIыж щхъухьыр зытелъэдэн целлофан е газет щIым яубгъу. Алэрыбгъум башкIэ еуэурэ, джынасур къыкIэрагъэлъэлъыжри, жьы щIихуу мазищкIэ фIагъэлъ.

Къыхэгъэщыпхъэщ джынасу зылъэIэса щыгъыныр е вакъэр  зэрамыжьыщIыр. Абы щхъухьыр нэхъ гуащIэж ищIынущ. Апхуэдэ щыгъынхэр, вакъэхэр хыфIадзэ.

Зэхуахьэсыжа джынасумрэ абдж къутахуэхэмрэ псы зэрыт банкIым иралъхьэри и щхьэр быдэу хуащIыж. Джынасур кIэрыху- бжьэрыхухэм ящIыгъуу хыфIадзэркъым, унитазым ирагъэжыркъым.

 Джынасу грамми 2-м хьэуа кубометр мини 6 еуцIэпI! Щхъухьыр МЧС-м и лэжьакIуэхэм Iэрагъыхьэ.

Джынасу гъуэз жьэдишамэ, ар Iэпкълъэпкъым къызэрыпкъырыкIыжыр жьэжьейхэмкIэщи, градусник къутар зэхуэзыхьэсыжа цIыхур псы куэд ефэн хуейщ.

 

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться: