Дунейм щыхъыбархэр

ЦIыху мелуан 200-м IэнатIэхэр яфIэкIуэдынущ

Дуней псом и экономикэр щытыкIэ гугъум зэритыр иджыпсту зым и дежкIи щэхукъым - къэралхэм я IуэхущIапIэ минищэхэм я лэжьыгъэр зэпагъэун хуей хъури, хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Абыхэм я закъуэкъым зи Iуэхур хэплъэгъуэ хъуар, атIэ а хьэлъэр нэхъыбэу зытещIэр абы щылажьэу щытахэрщ.

Профсоюзхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм къызэрибжамкIэ, коронавирус уз зэрыцIалэм дэнэ щIыпIи зэрызыщиубгъуам и зэранкIэ цIыху мелуан 200-м я IэнатIэхэр яфIэкIуэдынущ.
«Кризисым нэрылъагъу къищIащ лэжьакIуэбэм къащхьэщыжыным хуэгъэпсауэ къалъытэу щыта дунейпсо хабзэхэм мыхьэнэ лъэпкъ зэрамыIэр. ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэным хуэлажьэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм къалэн гугъухэр я пщэ къыдэхуэри, къарууншэ ищIащ, лэжьакIуэ мелуанищэхэр щIэгъэкъуэныншэу къэнащ абыхэм къащхьэщыжыным хуэгъэпса хабзэ зэтеухуахэр зэрыщымыIэм къыхэкIыу. ЦIыху мелардищым щIигъу щытыкIэ гугъум къихутащ COVID-19-м ехьэлIауэ ягъэува хабзэхэм я зэранкIэ», - щыжаIащ Профсоюзхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа онлайн зэIущIэм.
ЩытыкIэ гугъум фейдэ къыхэзыхыну хуейхэр зэрымымащIэри къыщыхагъэщащ абы икIи цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэным теухуауэ щыIэ дунейпсо хабзэхэр къызэпауду зэрамыдэнуми щытрагъэчыныхьащ. Апхуэдэу щытми, гъэшынэгъуафIэ хъуну фэ ятеткъым лэжьапIэншэхэм зыщIагъэкъуэн мурадкIэ къыхуаутIыпщ ахъшэхэр зи жып изылъхьэфхэр.
«Къэралхэр коронавирус ехьэлIа пандемием пэщIэтыхукIэ IуэхущIапIэхэр зэрызэхуащIыжам е пIалъэкIэ я лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIэн хуей зэрыхъуам и зэран екIащ IэнатIэ Iут цIыхуитхум ящыщу плIым, е лэжьапIэ Iутхэм я процент 81-м. Ар цIыху меларди 3,3-рэ мэхъу», - щыжеIэ Профсоюзхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм зэбгригъэха тхыгъэм.

Илъэс мин 28-рэ я ныбжьу

Иркутск къалэм дэт къэрал университетым и археологхэм Ангара псым къедза щIыпIэм ис Усолье-Сибирское къалэм пэмыжыжьэу къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыу щIыр къыщатIым къагъуэта хьэпшыпхэр телъыджэ дыдэ ящыхъуащ щIэныгъэлIхэм.

Палеолит лъэхъэнэ кIасэм псэуа цIыхухэм я IэдакъэщIэкI миным щIигъу къыщIахащ абдежым. Абыхэм илъэс мин 28-рэ я ныбжьу къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
Усолье-Сибирскэм къыпэзыкIухь гъуэгу ящIыну яубзыхуати, 2015 гъэм а щIыпIэм археологие къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, абдежым апхуэдэ ухуэныгъэ щебгъэкIуэкIыныр къезэгъ-къемызэгъыр зэхагъэкIын щхьэкIэ. Абы щыгъуэ наIуэ къэхъуащ щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэну гуэрхэр мыбдежым зэрыщIэлъыр.
- Усольскэ щIыналъэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фIыгъуэхэр щызэхуэхьэса щIыпIэщ, - жиIащ Иркутск къэрал университетым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрым и унафэщI Липнина Екатеринэ. - Мыбы цIыху исащ мывэ лIэщIыгъуэм и зэман псоми. А лъэхъэнэрщ цIыхухэр гуп-гуп зэрыгъэхъуурэ зэхэсу псэун щыщIадзар. Ди япэ итахэм я зэхэтыкIар наIуэ къэтщIыжынымкIэ а лъэхъэнэм ящIа сыт хуэдэ хьэпшыпми къыпхуэмылъытэным хуэдиз мыхьэнэ щIаIэри аращ. Мы щIыпIэм и щIыуэпсыр къызэрагъэIурыщIам теухуа куэд къыбжаIэ а Iэмэпсымэхэм, хьэпшыпхэм.
ЩIыр зэтрахыурэ археологхэм къагъуэтащ зэрылажьэ Iэмэпсымэхэр - псэущхьэхэм я фэхэм зэрелэжьу, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, ахэр зэратхъунщIу щытахэр. Абыхэм яIэ лэдэххэр я тегъэщIапIэу щIэныгъэлIхэм занщIэу къахутэфащ ахэр къызэрыгуэкI Iэмэпсымэхэм къазэрыщхьэщыкIыр - а зэманым мывэм зэрелэжьу щытар зыми хэгъуащэркъым.
Усольскэ щIыналъэм хыхьэ Мальтэ къуажэм пэгъунэгъуу илъэс 90 ипэкIи къыщагъуэтауэ щытащ пасэрейхэр щыпсэуа щIыпIэ - мыбдежым цIыхухэр илъэс мин 24-рэ ипэкIэ исауэ къахутат абы щыгъуэ. Псэуалъэхэр, мывэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, Iэмэпсымэхэр, гъуазджэм ехьэлIа цIыкIуфэкIухэр, дунейм ехыжар щIэлъхьэным къыхуагъэсэбэпахэр. Археологием теухуа тхылъхэм ихуащ а псори. Мамонтым и бжьакъуэм къыхэщIыкIауэ абдежым къыщыщIахауэ щытащ Мальтэ щыщ Венерэ зыфIаща сурэт цIыкIур. Иджы ар Эрмитажым щахъумэ.

Нобэ

♦ЩIалэгъуалэр IэпщIэлъапщIагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ
♦1776 гъэм
Милан къалэм (Италие) къыщызэIуахащ иужькIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «Ла Скала» театрыр.
♦1812 гъэм урысыдзэр Наполеон зэрытекIуам и щIыхькIэ хьэрэкIытIэхэр щыдрагъэлъэтеящ Петербург щыIэ Петропавловскэ быдапIэм.
♦1923 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ «Аэрофлот» къэрал авиакомпаниер. Абы и япэ рейсыр а махуэ дыдэм ищIащ - Москва икIыу Новгород Ищхъэрэ къалэм кIуахэр ишащ.
♦1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу хуежьащ.
♦1970 гъэм ГАЗ-24 «Волга» совет автомобилыр куэду къыщIагъэкIыу щIадзащ.
♦1975 гъэм, дунейм апхуэдэ къыщымыхъуауэ, Совет Союзым и «Союз-19», Америкэм и «Аполлон» кхъухьитIыр зы махуэм хьэршым лъэтащ. МахуитI дэкIри, кхъухьхэр хьэршым щызэпыуващ икIи ди космонавтхэу Леонов Алексейрэ Кубасов Валерийрэ, США-м и астронавтхэу Стаффорд Томас, Брэнд Вэнс, Слейтон Дональд сымэ хьэршым къэхутэныгъэхэр зэгъусэу щрагъэкIуэкIауэ щытащ.
♦1990 гъэм Урысейпсо къэрал телерадиокомпаниер (ВГТРК) къызэрагъэпэщащ, абы и унафэщIу журналист, тхакIуэ Попцов Олег ягъэуващ.
♦2014 гъэм Москва къалэм и метром нэщхъеягъуэшхуэ къыщыхъуащ. Хуабжь дыдэу кIуэ мафIэгур «Парк Победы», «Славянский бульвар» станцхэм я зэхуакум деж бетон блыным щеуэри къэувыIащ, абы и зэранкIэ вагонищ гъуэгум тридзащ. А къэхъукъащIэ шынагъуэм абдежым щыхэкIуэдащ цIыху 21-рэ, иужькIэ сымаджэщым цIыхуищ щылIащ. Псори зэхэту цIыху 217-м фэбжь ягъуэтауэ, абыхэм я зэхуэдитIым щIигъур хьэлъэ дыдэу сымаджэщхэм яшауэ щытащ.
♦1606 гъэм къалъхуащ Голландием щыщ су­рэтыщI цIэрыIуэ Рембрандт Харменс. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ сурэтышхуэу 400-м щIигъу, гравюрэу 300, нэгъуэщI лэжьыгъэ телъыджэхэри.
♦1853 гъэм къалъхуащ совет актрисэ Ермоловэ Марие. Совет властыр ягъэува нэужь аращ «Республикэм и цIыхубэ артисткэ» цIэр япэу зыхуагъэфэщауэ щытар.
♦1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист Шакъ Беслъэн.
♦1924 гъэм къалъхуащ къэфакIуэ, хореограф, СССР-м и цIыхубэ артист Эсамбаев Махьмуд.
♦1928 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэдж, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нало Заур.
♦1929 гъэм къалъхуащ IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор Пщыбий Инал.
♦1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ашэбокъуэ Леонид.
♦1948 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ Балъкъыз Батий.
♦1959 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Башорэ Хьэмид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 18 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыгъужьым и нэр жейми, и гур жейркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ