МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэ пэжхэр
Нэхумрэ IэфIымрэ щыщIэркъым

Зауэми, мафIэми, псыми гущIэгъу жыхуаIэр ящIэркъым, запэщIумыгъахуэмэ нэхъыфIщ.
ЦIыхум и укIытэ псори щыгъэпщкIуар и нэращ, ар мыукIытэмэ, адрейхэм уащымыгугъыххэ.
ТхьэмыщкIэм и тхьэусыхафэр бейм фIэдыхьэшхэнщ.
Дэтхэнэ цIыхуми зегъэщIэращIэ езым тэмэму зыкъыщыхъужыху.
Гуапагъэу хуэпщIам нэхърэ нэхъыбэж гуауэ защIэу къозыщIэжыф уи ныбжьэгъухэми, уи Iыхьлыхэми къахокI.
Напэншэр сыт хуэдэ пшыни къыпхуеуэфынущ, джэрэзуи укъыдигъэфэфынущ.
Ди адыгэ фащэр цIыху щыпкъэхэрщ зи фащэр.
Зи быныр зыгъэсэфа адэ-анэри, ягъэса бынри дыгъэм и нэхумрэ гъащIэм и IэфIымрэ зэи щыщIэнукъым.

КIурашын Алий.

ГушыIэхэр
ПщIэжрэ?

Зэкъуажэгъу щIалитIым зым адрейм щIыхуэ иритауэ зыкъом лъандэрэ къритыжыртэкъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэхуэзауэ уэрамым здрикIуэм, и щIыхуэ зэрытелъыр аргуэру игу къигъэкIыжыну укIытэрти, жыжьэу къыщригъэжьащ:
- Хьэбалэ, дауэ къыпщыхъурэ дунейм и щытыкIэр? ТIэкIу щIыIэтыIэщ, пэжкъэ?
- Уэлэхьи, пэжмэ, щыIэтыIэ сщIэркъыми, уаещ.
- ПщIэжрэ, а щIыхуэ щостам щыгъуэ хуабэ лыгъейуэ зэрыщытар?

Пхъумрэ нысэмрэ

Зэныбжьэгъу цIыхубзитI зэхуэзауэ зэщIоупщIэ:
- Уи хъыджэбзым дауэ къыщыхъурэ унагъуэщIэр? Яхэзагъэрэ?
- ФIы дыдэу яхозагъэ, псори игу ирохь. Хуеймэ шубэ къыхуащэху, хуеймэ зыгъэпсэхуакIуэ ягъакIуэ…
- Уэ уи нысэ цIыкIур сыт хуэдэ?
- Си нысэр щIэщыгъуэщIщи, гугъу дрегъэхь. Зэм шубэ къыхуэтщэхун хуейуэ къытхуегъэув, зэм зыплъыхьакIуэ хамэ къэралхэм къыщикIухьыну къытохьэ…

Чэнджэщхэр
Лыр нэхъ щабэ мэхъу

Кхъуейлъалъэр гуащIэ хъуамэ, шэм зы сыхьэт хуэдэкIэ хэвгъэлъи, гуащIагъэр щIэкIыжынущ.

* * *

Жэгундэпсым гур, лъынтхуэхэр фIыуэ егъэлажьэ, тхьэмщIыгъур, зэзыр, жьэжьейр егъэкъабзэ. Лъыр къэгъэхъунымкIэ, ар гъэкъэбзэнымкIэ абы къытекIуэн нэгъуэщI къэкIыгъэ щыIэкъым. Абы апхуэдэу лъатэ, кIэтIий узхэри зэтес ещIыж. Жэгундэпсыр къыщIэхуагъащIэу махуэ къэс щэ грамм тхущI-тхущIу уефэмэ, нэхъыфIщ. ТхьэмахуитI хуэдиз ефэн хуейщ. ИтIанэ зы тхьэмахуэ дэбгъэкIыу къыщIэбдзэж хъунущ.

* * *

Бдзэжьейр щывгъажьэкIэ, пIащIэу зэтегъэжауэ кIэртIоф тIэкIу дэвгъажьи, бдзэжьеимэр игъэкIуэдынущ.

* * *

Бжьыныр фымыгъэлыбжьэ ипэкIэ хьэжыгъэм хэфкухьмэ, и фэр тхъуэплъ дахэ хъунущ.

* * *

Пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуар япэщIыкIэ псы хуабэм сыхьэтищ хуэдизкIэ хэвгъэлъмэ, компот вгъавэм и фэр нэхъ дахэ, езыри нэхъ гурыхь хъунущ.

* * *

Пхъыпсым тхъуцIынэ тIэкIу хэплъхьэмэ, нэхъ гуакIуи, нэхъ IэфIи мэхъу.

* * *

Бдзэжьейр щыбгъажьэкIэ мащIэ-мащIэурэ псы тIэкIу щIэпкIэмэ, нэхъ IэфIи, нэхъ щаби мэхъу.

* * *

Лыр быдэмэ, бгъэжьэн ипэкIэ серчэм тIэкIурэ хэгъэлъ.

ГъэщIэгъуэнщ
Гейтс Билл и зэфIэкI

Иужьрей илъэсхэм дуней псом щынэхъ къулейхэм япэ иту къагъэлъагъуэр Гейтс Биллщ. Иджыпсту абы поуэ мексикэ магнат Слим Эллу Карлос, инвестор цIэрыIуэ Баффет Уоррен сымэ.
Мелардырыбжэ Гейтс Билл цIыхухэр зэрыхущытыр зэщхькъым - хэти пщIэ хуещI, хэти йофыгъуэ. Дунейм и дэнэ плIанэпи щытопсэлъыхь абы и ахъшэм, псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ апхуэдиз мылъку къызэрилэжьа щIыкIэр. Сыт щIэн хуейр апхуэдэ ехъулIэныгъэ уиIэн папщIэ?

Джэгуурэ къыщIадзэри…

Гейтс Уильям (Билл) Вашингтон хыхьэ Сиэтл къалэм къыщалъхуащ 1955 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м. И анэр курыт школым и егъэджакIуэу, и адэр уэчылу щытащ. Билл сабий къызэрыгуэкIыу щытащ, и ныбжьэгъухэм зыкIи къащхьэщымыкIыу. Абы зыщихъуэжар и ныбжьыр илъэс 13 ирикъуа нэужьщ.
Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэм къежьапIэ хуэхъуар Гейтс щеджэ школым щIэс ныбжьыщIэхэм щIэуэ къежьа компьютерыр ирагъэцIыхуну мурад щащIарщ: «НыбжьыщIэхэм компьютер къагъэсэбэпыфу егъэсэныр зигу къэкIар сыщеджэ уней школым щыIэ Анэхэм я клубырщ. ПсапащIэ бэзэрым къыщыхаха ахъшэмкIэ терминалрэ компьютерым илъэс псокIэ урилэжьэну хуит узыщI зэманрэ къащэхуащ. 60 гъэхэм я кIэуххэм школакIуэхэр компьютерым бгъэдэтIысхьэныр Сиэтл дежкIэ телъыджэт. Апхуэдэр зэи пщыгъупщэнукъым», - иритхащ Гейтс езым и IэдакъэщIэкI «КъэкIуэнум и гъуэгухэр» тхылъым.
Пэжщ, Билл и закъуэкъым а компьютерым къыIумыкIыжыфу пэрысар, ауэ а зыращ а техникэ телъыджэм къэгъазэ имыIэу дихьэхар. «Си япэ программэр илъэс I3 сыщрикъум зэхэслъхьащ, абыкIэ крестикрэ ноликрэ уджэгу хъууэ арат. Сызыбгъэдэс терминалыр хуэм дыдэу фIэкIа лажьэртэкъым, экрани иIэтэкъым. Дыщызэдэджэгум деж пасэрей зэрытхэ машинкэхэм ещхь клавиатурэмкIэ къэтщыпырти, макъышхуэ зыщI, къыдэзыгъэкI техникэм дыпэплъэу дыщыст. Абы къыдидзыж лентIыр шыIэныгъэ тхэмылъу етхьэжьэрти, деплъырт, текIуар хэтми къатщIэрт, итIанэ адрей кIуэгъуэр зыхуэдэнум дегупсысырт. Зи гугъу сщIы джэгукIэм дакъикъэ зыбжанэ нэхъ темыкIуадэ пэтми, дэ ди шэджагъуашхэ зэманыр зэрыщыту тфIихьырт. Ауэ хэтыт ар къызыфIэIуэхур? Хуабжьу дызыIэпишэрт телъыджэу къытщыхъуа техникэм»…

Ахъшэ хуейт

Билл кIуэ пэтми нэхъ Iейуэ зыIэпишэрт программэхэр зэхэлъхьэным. Абы къыхэкIыу, лъэпощхьэпохэм ирихьэлIащ - компьютерым хухэха зэманыр къызэрищэхун ахъшэ хурикъуртэкъым. Терминалым зы сыхьэт бгъэдэсын щхьэкIэ, ныбжьыщIэм дежкIэ ахъшэшхуэ доллар 40 щIитын хуей хъурт.
«Программэхэм ехьэлIа хьэрычэтыщIэ Iуэху къызэгъэпэщыным сегупсысу щIэздзащ. Си ныбжьэгъу Аллен Пол сэрэ зы гуп зэхуэтшэсри, къызэрыгуэкI программэхэр къэдгупсысу дыхуежьащ. ШколакIуэхэм я дежкIэ ахъшэфI дыдэ хъурт апхуэдэ щIыкIэкIэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къэдлэжьыр - доллар 5000. Абы и ныкъуэр ахъшэу къыдатырт, адрей Iыхьэр компьютерым дызэрыбгъэдэсын зэману тхухахырт. Компание зыбжанэм зэгурыIуэныгъэхэр етщIылIэри, я программэхэр яхузэтедухуэу щIэддзащ, абы къыпэкIуэу езыхэм я компьютерхэмкIэ дагъэлажьэу».
А лъэхъэнэм Гейтс илъэс 16 ирикъуатэкъым… Абы щыгъуэ информатикэмкIэ егъэджакIуэм Билл деж зыщигъасэрт! Еджэным къыдэкIуэу Билл программэ гъэщIэгъуэнхэр зэхилъхьэрт, уеблэмэ, къалэ администрацэм папщIэ игъэхьэзырат уэрамым зэрыщызекIуэ хабзэхэр убзыхуным ехьэлIа программэ.

«Майкрософт»-р къызэрыунэхуар

1973 гъэм Гейтс Гарвард университетым щIэтIысхьащ. Ауэ куэдрэ емыджауэ, къигъэнэн хуей хъуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и зэман псори лэжьыгъэм Iихырт.
1972 гъэм Гейтс «Интел» компанием и лэжьыгъэм щыгъуазэ зищIащ. Абы а лъэхъэнэм япэу къыщIигъэкIыу щIидзат цIыхухэм зэи къагъэсэбэпыну ямыгугъэ интегральнэ схемэхэр (чипхэр). Ахэр лифтхэр, калькуляторхэр ягъэлэжьэн папщIэ къагъэсэбэпу арат. Зыми игу къэкIыртэкъым, зэман дэкIмэ, ахэр компьютерхэм я «акъыл» зэрыхъунур. Ар занщIэу къызыгурыIуар Гейтс Билл и закъуэщ.
Билл «Интел» компанием щылэжьэн щIидзащ. Абы къыщыщIагъэкI чипхэр компьютерым щхьэкIэ къигъэсэбэпыну иужь ихьащ, арщхьэкIэ ахэр цIыкIу дыдэт икIи сэбэпынагъ нэхъыбэ къахьын папщIэ нэхъ лъэрызехьэу ящIын хуейт.
Ауэрэ компание цIыкIу гуэрым и унафэщI Робертс Эд микропроцессор зиIэ компьютер цIыкIу зэпкърилъхьащ. «Альтаир» зыфIаща компьютерым клавиатури, дисплеи, нэгъуэщIи иIэтэкъым. Ар зыкIи къыпхуэгъэсэбэпынутэкъым икIи хузэфIэкIIатэкъым.
Мис абы щыгъуэ Робертс деж кIуащ Гейтсрэ Аллен Полрэ. ЩIалэхэм Эд жраIащ зэпкърилъхьа машинэ цIыкIум программэ иралъхьэу лажьэу зэрызэтраухуэфынур. Пэжщ, щIалитIыр гугъуехь куэд хэтащ - „Альтаирым“ папщIэ Бейсик зэхэплъхьэныр тыншу къыщIэкIакъым. «Языныкъуэхэм деж сыхьэт бжыгъэкIэ пэшым сикIукI-сыкъикIукIыу сыщIэтт, шэнтжьейм зыщезгъэщIурэ сыгупсысэрт, сыгупсысэрт, сыгупсысэрт.
А лъэхъэнэм Пол сэрэ дыжеиххэртэкъым, уеблэмэ, жэщымрэ махуэмрэ щызэхэдгъэзэрыхьи къэхъуащ. Къысхуихуащ зыри щызмышха, е зы цIыху щызмылъэгъуа махуэхэр. Апхуэдэурэ тхьэмахуитху дэкIа нэужь, ди япэ Бейсикыр зэхэтлъхьащ икIи микрокомпьютерхэм папщIэ программэ зытх компаниер дуней псом япэу къыщыунэхуащ. ТIэкIу дэкIри, абы «Майкрософт» фIэтщащ».

Компьютерхэр куэд хъуащ

Гейтс и фIэщ хъурт, компьютерхэр куэд дэмыкIыу щIэныгъэ лабораторэхэм нэмыщI, унагъуэхэм къыщагъэсэбэпу зэрыхъунур. Абы папщIэ ахэр нэхъ пуд щIын, къэбгъэсэбэпыну нэхъ тыншу зэтеухуэн хуей къудейуэ арат. Арат «Майкрософт»-р нэхъыбэу зытелажьэр. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэ къэхъуну зыми и фIэщ хъуртэкъым. ЦIыхухэм къазэрыщыхъумкIэ, дэтхэнэ зыми и компьютер иIэжрэ ахэр гъащIэм къыщысэбэпу хъуным куэд хуейт, сытуи ящIыну ар унагъуэм щIэсхэм?!
Мыбдежми Гейтс ерыщу и мурадым хуэкIуэрт: «Дэ ди фIэщ хъурт компьютерхэр унагъуэ къэс зэрихьэнур, абы тетыну программэхэр цIыхухэм къазэрыхуэщхьэпэнур. КъэкIуэнур IупщIу зэрытлъагъум тщигъэпсынщIауэ къызолъытэ ди лэжьыгъэр. И чэзум дыздэщыIэн хуей щIыпIэм а пIалъэ дыдэм дыкъыщыхутащ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрыдгъэхьа нэужь, къыддэIэпыкъун цIыху Iущ куэд къэтщтащ. Дуней псом сату щIыпIэхэр къыщызэIутхри, къэдлэжьыр Iуэхум хэтлъхьэжурэ зедгъэубгъуащ».
Гейтс и ехъулIэныгъэхэм псэщIэ къыхыхьащ «Майкрософт»-м «Ай-би-эм» компанием зэгурыIуэныгъэ щрищIылIам - абы япэ персональнэ компьютерхэм папщIэ программэ щхьэхуэхэр ирищащ. Ахэр иджы цIэрыIуэ хъуа MS-DOS системэрщ, тхыгъэхэр кърипщып, уриджэгу хъууэ. Япэ ПК-хэр къыщежьам цIыхухэм яфIэтелъыджэ хъуащ, ауэ абыхэм иджыри и кIэм нэсу къагурыIуэртэкъым компьютерым я гъащIэм щиубыдыну увыпIэр.
ИужькIэ, илъэс зыбжанэ дэкIауэ, «Майкрософт»-м иIэ хъуащ «Виндоус» операционнэ системэ цIэрыIуэр. Абы и лIэужьыгъуэ зыбжанэ тетщ сыт хуэдэ компьютерми. А системэм щIэуэ халъхьэ дэтхэнэ программэри мелуан бжыгъэкIэ зэбгрокI, «Майкрософт»-м сом мелардхэр къыхуихьу…

НэщIэпыджэ Замирэ.

ЦIыкIухэм факъыхуеджэ
Лашын и хъыбархэм щыщ

Лашын жыхуаIэр Къесынхэ япхъущ, Шакъхэ я нысэщ. Зипхъури зи нысэри Дыгулыбгъуей дэсахэщ.
Лашын къызэрашэрэ куэд щIатэкъым, нысащIэ щIыкIэт, ауэ унэ къалэн илэжьу щIидзат.
Пщэдджыжь гуэрым Лашын жэм къишу Iуэм итт, и тхьэмадэри къэтэджауэ псыунэмкIэ щIыхьэрт. Зы хыв гуэрым жэмыр къримыгъэш хъуащ, зикI Iэмал къритыртэкъым къишыну.
Лашын къэгубжьащ, зиплъыхьщ-зыкъиплъыхьри щимылъагъуIам, хыв гуум и кIэбдзитIыр иубыдри, пхъэшыкъум ирилъэфэлIащ. ИужькIэ хыв гуур къиIэтри, пхъэшыкъум щхьэдидзыхащ.
И тхьэмадэм ар щилъагъум, зыми жримыIэу, езыр-езыру гузэващ, «сунэхъуащ, си къуэр мыбы IэщIэукIэнущ», - жиIэри. И нысэр игъэунэхун и мураду, и къуэм жриIащ:
- Ди нысэм нобэ сигу ебгъащ.
ЩIебгъар жиIатэкъым. Ауэ адэр зыхуейр къуэм гурыIуэн щхьэкIэ, а псалъэ кIэщIыр ирикъурт. Къуэм и къалэнт адэм игу зэзыгъэбгъа фызым хуэфащэ ирищIэныр, ар щIимыгъэкIуэныр.
Пщыхьэщхьэм и адэр игъэгъуэлъыжри, и къуэр и лэгъунэм щIыхьэжащ, и щIопщри и Iэгъуапэм игъэлъэдауэ. И адэм ищIэрт зыхуэтхьэусыха и къуэм зыгуэр зэрищIэнур. Ауэ фызым дзыхь хуимыщIу щытти, фоч къищтэри, лэгъунэ щхьэгъубжэм къыIутIысхьащ, зыми къамыщIэу. НысащIэм и щауэр щIыхьэжа нэужь, зыри жимыIэу бгъэдыхьэри, и щхьэцыр Iэ лъэныкъуэм иришэкIащ, лъэныкъуэмкIэ иIыгъ щIопщыр зэпыудыхукIэ еуащ, хуабжьу иубэрэжьащ. «УкъыщIызэуэр сыт?» - жиIэу псалъэ жиIакъым Лашын, «игу къызэбгъащи къызоуэ», - жиIа мыхъумэ. ИлIри щIэупщIатэкъым, «мы фызым ищIа губгъэныр сыт?» - жиIэу.
Лашын и тхьэмадэ къеплъакIуэм Iуэхур къызэрекIуэкIар щилъагъум: «Хъунщ иджы, нысэ схуэхъунщ ар», - жиIэри игу зэгъауэ зиущэхужащ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ