Дунейм щыхъыбархэрГъэщIэгъуэнщКилограмм 200 хъу алабгъуэ
Америкэ Курытым хыхьэ Коста-Рикэ къэралым щыщ бдзэжьеящэхэм я хъым иджыблагъэ къихуам и инагъым къигъэуIэбжьахэт илъэс куэд хъуауэ хым тет нэхъыжьхэри. МетритIым щIигъу зи кIыхьагъ, килограмм 200 хъу алабгъуэр (окунь) хы Хуэмым къыщаубыдауэ аращ. Мы бдзэжьей лIэужьыгъуэхэр ин хъу хабзэми, апхуэдиз дыдэ зи инагъ мы щIыпIэм зэи щалъэгъуакъым. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, алабгъуэхэр ику иту илъэс 37-рэ хуэдизкIэ мэпсэу икIи я инагъынур куэдкIэ елъытащ щIыуэпсым и къабзагъэм. А бдзэжьейхэр зэрыинрауэ къалъытэ ахэр бдзэжьеящэхэм щIащымышынэр икIи гъунэгъу дыдэу щIабгъэдыхьэр. Ахэр я хъым щIэх-щIэхыу щIихуэм и щхьэусыгъуэри аращ, а щIыпIэм щыпсэухэм яшхыну нэхъ яфIэфIри алабгъуэщ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
|