«Шэрджэс дерби» - р гъуэгу тохьэ

            Къэбэрдей-Балъкъэрым  хыхьэ Нартан къуажэм щекIуэкIынущ иджы етIуанэу  дунейпсо  мыхьэна  зыгъуэта  «Шэрджэс дерби» шыгъажэ  кIыхьымкIэ  зэхьэзэхуэр.
      Зэпеуэм  хыхьэну  зи  мурадхэм  папщIэ  ар  зэрекIуэкIыну  щIыкIэм Адыгэшыр  хъумэнымкIэ  фондым  щыгъуазэ   дещI:  
     I) Жэпуэгъуэм и I-м къыщыщIэдзауэ  махуипщIым  и кIуэцIкIэ  махуэ къэс  сыхьэт I2-м къриубыдэу   зэпачынущ  нэхъ мащIэ  дыдэу   километри I00.
     2)  Километр 25-рэ къакIуху,  шы къэс Iэщ дохутырхэр  къеплъынущ (ветконтроль).  Шум  гъуэгуанэр  пищэну  хуит  щащIынур  шым  и  гур  зы дакъикъэм  64-рэ  къеуэу  (пульс)  зэрыхъужам  Iэщ  дохутырхэр  щыхьэт техъуа  нэужьщ.  
     3) Зэпеуэм хэтыну хуит ящIыр зи ныбжьыр илъэси 7-м фIэкIа адыгэ шыбзхэмрэ  хакIуэхэмрэщ  (алащэхэр хэмыту).
     4) Шымрэ  шумрэ дэтхэнэми я хьэлъагъыр килограмм 75-м нэхърэ мынэхъ мащIэу, 90-м нэхърэ мынэхъыбэу щытын хуейщ.  
     5) Зэпеуэм  и мылъку саугъэтыр сом  мин  500-м нос.  Ар гъуэгуанэм  и кIэм нэсахэм  зэхуэдэу  траугуэшэжынущ.
       Шыгъажэ  кIыхьым   хэтым  дежкIэ  мыхьэнэ  зиIэр  шым и къарур  зэригъэзахуэу  гъуэгуанэм и  кIэм  нэсынырщ.  Узэрыхэтыну  Iэмалхэр  зэ еплъыгъуэкIэ ткIийуэ къыпфIэщI  щхьэкIэ,  апхуэдэ  бгъэдыхьэкIэм  адыгэшым  и зэфIэкIыр   нэгъэсауэ  къигъэнэIуэну Iэмал  ирет.  Илъэс блэкIам екIуэкIа «Шэрджэс дерби»-м хэтахэм  лъэпкъым  псэщIэ  къыIуагъэкIэжам  и закъуэкъым.  Махуэ  къэс  гу лъыботэ  зыгъэпсэхугъуэм и чэзур шыбгым ису ирахьэкIыныр нэхъ  къэзыщтэ щIалэгъуалэм  я  бжыгъэм  зэрыхэхъуэм. Абы къикIыр  Адыгэшыр  хъумэнымкIэ фондыр  гъуэгу  захуэ  зэрытетырщ, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ  нэхъыщхьэхэм  хабжэ  адыгэшым  зыкъызэриужьыжырщ.    
                                       

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: