ЩIыуэпсым щысхьыныр фарзщ

ЩIыр зезыхьэм, абы гъавэу къытрихыр кIэрыхуншэрэ бэ­гъуауэ кърихьэлIэжынымкIэ зэ­ран хъу нэрымылъагъу хьэпIацIэхэм, къинэмыщIхэм ар ящихъумэн хьисэпкIэ, пестицид щхъухь гуащIэхэр щIэх-щIэ­хыурэ къегъэсэбэп.

АтIэми, IэщIагъэлIхэри щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, езы мэкъумэ­шы­щIэхэми гу зэрылъатамкIэ, хадэ­хэкIым хущхъуэ папщIэу ирахьэлIэм и мащIагъ-куэдагъэр ­хухагъэунэхукIа мардэм фIагъэкIмэ, а Iуэхугъуэр езы щIы­гулъми, къэкIыгъэми йогуауэ.
Пестицидыр зылъэIэсыр къэ­кIыгъэхэм зи зэран екI нэрымы­лъагъу цIыкIужьейхэм я закъуэкъым, атIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы щIыгулъыр «зыгъэп­шэр» микроорганизмэхэми я «лъэр щIеуд», цIыхухэми псэущхьэхэми я Iэпкълъэпкъым сэбэпынагъ ­къахуэзыхьу къалъытэ микро­элементхэри зэхекъутэ.
НэгъуэщIу къыжытIэмэ, щIым хэмыткIухьыж щхъухьхэм мэкъу­мэшыщIэхэр апхуэдизу зэлIэлIа хадэхэкIхэр зыIубгъахуэ мыхъун щытыкIэм хуешэ, ахэр зэзыхьэлIэ псэущхьэхэми цIыхухэми я Iэпкълъэпкъым сэбэп зэрахуэхъужын щIагъуэ щымыIэжу апхуэдэщ.
АрщхьэкIэ, IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, егупсысарэ агрощIэ­ныгъэм зэрыщыхагъэунэхукIауэ щхъухь­хэр щIым ирахьэлIэмэ, а Iуэхум гъавэгъэкIхэр зэрыщыгуфIыкIыжынуми шэч хэлъкъым. Мыдрейуэ къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIэ, щыIэщ хьэпIацIэм еуэ­ным хунэмысу къыдэхуа пестицидыр зэщхьэщызыхыу зыгъэкIуэщIыж микрорганизмэхэри. Абыхэм я апхуэдэ зыкъызэкъуэхыкIэм «мик­робиологие детоксикацэкIэ» йоджэ. Абы и зыужьыкIэр елъытащ щIы щхьэфэм къыщекIуэкI щIыIагъэ-хуабагъэми, щIыгулъыр зыгъэщIытэ псыIагъэми, щIыгъэпшэррэ гумусу абы халъхьам я Iувагъми, нэгъуэщI абы хуэдэ щхьэусыгъуэхэми.
Ауэ щыхъукIи, пестицидхэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэкIэрэ щIыгулъым и чэзум щыхэткIухьыныр ­епхащ ар здыхакIутэм псыр ирикъуу зэрыщIагъэлъэдами, щIыгъэпшэрхэр и чэзум зэрыхагъэ­загъэми, а щIыпIэм щезэгъ жы­лэхэр къызэрыщагъэсэбэпами, езы щхъухьзехьэхэм я хэгуэшэ­-кIэу щрагъэкIуэкIами.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. ГъавэхэкIхэм ящыщу зи сатырхэр ­давыкIхэм (жьыдэхупIэ зиIэхэм) я деж пестицидхэм я хэкIуэсэкIэр (детоксикацэр) щынэхъ щIэхщ, хьэдзэ зыщIхэм я деж зэрыще­кIуэкIыр нэхъ хуэмущ.
Урысей мэкъумэш кIэлъып­лъы­ныгъэмкIэ IуэхущIапIэм (Россельхознадзор) и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ зэхуаку управленэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и IэщIагъэлIхэр ди щIыналъэм и щIыгулъым и щытыкIэм щIэх-щIэхыурэ кIэлъоплъ, ирахьэлIэ пестицидхэм я куэдагъ-мащIагъэр зыхуэдэр къыщапщытэ. Абы­кIэ IэмалыфIщ щIыпIэ-щIы­пIэ­кIэрэ щIыгулъ IэмыщIэу къыщыхаххэм я зэхэлъыкIэр зрагъэщIэн хьисэпкIэ ахэр Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ къулыкъум и Къэ­бэрдей-Балъкъэр референт цент­рым деж щыIэ къэпщытапIэм зэрырашалIэри.

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: