Дыщэр адыгэшым зыIэригъэхьащ

ШыщхьэуIум и 13 - 14-хэм Луховицы къалэм пэгъунэгъу Павловское къуажэм щызэхэтащ шыгъажэ кIыхьхэмкIэ Мэзкуу областым и чемпионатрэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэрэ.

Километри 120-рэ зи кIы­хьагъ гъуэгуанэ щызэпача унэ­тIыныгъэм Урысеймрэ Бело­руссиемрэ икIауэ шууиплI хэтащ. Гъуэгуанэм и кIэм нэсыфар тIу къудейщ. Япэ увыпIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къалэ Мухьэмэдрэ ар зытеса Юпитер адыгэшымрэ къахьащ. Дыжьын медалыр зыIэрыхьар Черник Владимирщ.
КIэлъыплъакIуэхэр арэзы ­къищIащ шыхэм къызыкъуаха псынщIагъми: зы сыхьэтым - километр16,49-рэ.
Зытесар мыадыгэшми, япэ увыпIэр къихьащ Мэзкуу областым и чемпионатым хэта Махуэ Мухьэмэди. ЕтIуанэр - Лосевэ Дарьещ, Гоголь Николай ещанэу къэсащ. Мухьэмэд зытеса Ламбертэ къызыкъуиха псынщIагъыр текIуэныгъэ къудей мыхъуу, Урысейм щагъэува рекорду къалъытащ: зы сы­хьэтым - километр 22,37-рэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Уры­сейм шы спортымкIэ и федерацэм къэралым щыщ хэгъэгу 72-рэ хохьэ, унэтIыныгъи 8-кIэ шы зэхьэзэхуэхэр ирегъэкIуэкI.
 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: