Гулъытэ хуащIЩытыкIэ гугъум къихута сабийхэм защIэгъэкъуэным хуэщIа псапэ Iуэхум, Урысейм и МВД-м къызэригъэпэщам, «ЕджакIуэ сыкIуэнымкIэ кыздэIэпыкъу» зыфIащам хыхьэу КъБР-м и Дзэлыкъуэ районым и автоинспекторхэр я хьэщIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм. Къудамэм дэлажьэ жылагъуэ советым хэт Мэкъуауэ Резуан ящIыгъуу, ахэр щыIащ унагъуитIым. ЗрагъэщIащ я псэукIэмрэ зыхуэныкъуэхэмрэ, школакIуэхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуэгъэхьэзырынымкIэ ядэIэпыкъуащ. ШкIолакIуэхэм йогуапэА Iуэху гуапэм хыхьащ Май районым и полицейхэри. Урысей МВД-м Май районым щиIэ къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Пуртовэ Юлиерэ Май районым ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр социальнэ и лъэныкъуэкIэ хъумэнымкIэ и унагъуэ политикэмрэ лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Кошелевэ Светланэрэ щыIащ социальнэ щытыкIэ гугъу къихута, школакIуэ ныбжьым ит сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъун мурадкIэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
|