Уэркътын

(Кажаров Валерий)
Лъэпкъым хуэпэжу дунейм тета, Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм 1949 гъэм къыщалъхуа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэм тхыдэмкIэ щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъащ. Валерэ КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и къудамэр 1971 гъэм фIы дыдэу къиухри, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием этнографиемкIэ и институтым и аспирантурэр ехъулIэныгъэ иIэу къиухыжащ. 1982 гъэм тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ я кандидат, 1994-м - доктор цIэ лъапIэр зригъэхъулIащ. И щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зытеухуауэ щытар адыгэ лъэпкъым 18-19 лIэщIыгъуэхэм я тхыдэрщ. ИригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къапэкIуэу, 1996 гъэм Валерэ къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтыр,1999 гъэм «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащ. Валерэ итхамрэ къихутамрэ куэд мэхъу. Абыхэм ящыщу фи пащхьэ гъэкIэщIауэ идолъхьэ «Уэркътын хабзэр Къэбэрдейм зэрыщыкIуэдыжар» жыхуиIэ тхыгъэр.
 Къэбэрдейр щхьэхуиту щыщытам щыгъуэ пщыхэр зэпымыууэ зэныкъуэкъурт, зэзауэрти, а зауэхэм хэтын зекIуэлIхэм, нэгъуэщIыу жыпIэмэ уэркъхэм, нэхъыбэу хуей хъухэрти, абыхэм я бжыгъэм хэхъуэрт. ИужькIэ, Къэбэрдейм щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэда нэужь, псом хуэмыдэу 19-нэ лIэщ1ыгъуэм и 30-50 гъэхэм апхуэдэ зауэлIхэр лей хъуащ.
Уэркъхэм я къалэн нэхъыщхьэр пащтыхьым щымыIэж ищIащ – абы пщыхэр хуит ищIыжыртэкъым уэркъыдзэ яIэну икIи ахэр къагъэсэбэпурэ зауэ зыгуэрым иращIылIэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Къэбэрдейм цIыхуу исым тепщIыхьмэ, зи бжыгъэр куэд хъу уэркъхэр егъэзыпIэншэу къэнащ.
Къэбэрдеипщхэм гъунэгъу лъэпкъхэм я деж щаIэ тепщэныгъэр зэрафIэкIуэдам къыхэкIкIэ, абыхэм Кавказ Ищхъэрэми езы Къэбэрдейми щаIа тепщэныгъэр щаIэщIэкIа къудейкъым, абы ищIыIужкIэ абыхэм я фейдэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыри яфIэкIуэдащ. Ар нэрылъагъу мэхъу ябжь щIэт лъэпкъхэм къабгъэдэкIыу пщыхэм къаIэрыхьэу щыта хэхъуэм щыгъуазэ зыпщIа нэужь (абы щыщ Iыхьэр итIанэ уэркътыну я уэркъхэм хуагуэшыжу щытащ). Абы щытопсэлъыхь Нэгумэ Шорэ и тхыгъэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» жыхуиIэм. Ауэ сытми къэхъуа Iуэхукъым «зэман зэрызехьэм щыгъуэ» пщы-уэркъхэм псом япэу я лъэпкъхэр я унафэ къыщIэувэжын хуейуэ къагъэувауэ зэрыщытар. Ауэ политикэкIэ я щхьэ хуимытыж зэрыхъуу, Къэбэрдей феодалхэр игъащIэкIэ пыкIащ я унафэ щIэт лъэпкъхэм къабгъэдэкI фейдэми зауэхэмрэ, зекIуэхэмрэ къыхах къуентхъми. Iуэхур нэхъри хэплъэгъуэ ищIырт Къэбэрдейм и экономикэр екIакIуэу абы ис псоми, тепщэ гупри абы хэту, я псэукIэр хэпщIыкIыу нэхъыкIэ зэрыхъуам. Тепщэ гупым мылажьэу ирипсэуну къахуэнэжыр зы хэкIыпIэ закъуэт – мэкъумэшыщIэхэм щIыр къызэрагъэсэбэпым папщIэ кърат пщIэрт. Ауэ пщы – уэркъ псори а хэкIыпIэм ирипсэуфынутэкъым. Абы къыхэкIкIэ къулейсыз хъуа уэркъ куэд лэжьэн, я пщIэнтIэпскIэ я шхын къагъэхьэрэчэтыжын хуей хъурт. Псалъэм папщIэ, уэркъ Къарэ Къарткъуэжьакъ1832 гъэм и гъэмахуэм щегъэжьауэ 1834 гъэм и гъатхэпэ пщIондэ и къулейсызагъым къыхэкIкIэ Джылахъстэнейм щыщ Тэнащ Алий и къуажэм щыIэхъуащ, къуажэдэсхэм IэхъуапщIэу дыжьын сом 25-рэ кърату. Мыр къызэрытха тхыгъэ дыдэм нэгъуэщI I хъыбар зыбжани итщ уэркъхэр Къэбэрдейм икIыу гъунэгъу щIыпIэхэм щылажьэу зэрыщытам теухуауэ. 1834 гъэм, щIышылэ мазэм уэркъ Абазэкъуэ ХьэщIэмахуэ Къэбэрдейм пIалъэкIэ щыIэ судым тхьэусыхафэкIэ зыхуигъэзауэ щытащ. Абы щыжиIэрт нэгъабэ, 1833 гъэм и гъэмахуэм, абы и къуэм Черноярскэ станицэм къыщилэжьа хур къишэжыну Iэмал зэримыгъуэтыр, унафэщIхэм линэм зэпрыпшу Къэбэрдейм гъавэ пшэуэ ядэркъыми. УэркъыцIэ иджыри зэрахьэ пэтми, я гуащIэдэкIкIэ псэужыну щIэзыдзэхэр мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIхэм къазэрыщхьэщыкI щыIэжтэкъым, абыхэм хуэм-хуэмурэ яхэзэрыхьыжырт (яхэшыпсыхьыжырт). Апхуэдэу щIэхъум и щхьэусыгъуэр, ищхьэмкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, пщыхэр я щхьэ хуитыжу, я пщыгъуэм и унафэ ящIыжу зэрыщымытыжым къыхэкIкIэ ахэр дзэи (зекIуэлIи) хуэмеиж зэрыхъуарт.
Апхуэдэ щытыкIэм зэрихуам къыхэкIкIэ, къэбэрдеипщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ я дежкIэ хьэлъэт уэркътын хабзэр яIыгъыну. А хабзэр щIаIыгъын щхьэусыгъуи щыIэжтэкъым. Иджы уэркътын ямыщIыжым и мызакъуэу, япэм апхуэдэу ятахэр къыIахыжыну яужь итхэр мащIэтэкъым. Пщыхэм судым зыщыхуагъазэкIэ, я уэркъыу щытахэр къызэрагъэлъагъуэр уэркъыутэкъым, атIэ я пщылIу, хабзэм тетуи щхьэхуит щащIыжкIэ щхьэщэхуж уасэ ятыну къатехуэут. Судым ар къадиIыгъмэ, пщыхэм, уэркъхэм я мылъкур къазэрыIэрыхьэм и мызакъуэу, езы уэркъри я бжьым щIагъэувэну Iэмал ягъуэтырт. Апхуэдэу уэркъыр «езыр-езыру мэкъумэшыщIэ щыхъужкIэ», и уэркъыцIэр къыхуэнэжмэ, щхьэщэхужыпщIэу уэркътыныр щыIахыжым деж абы псори - и уэркъыцIэри, и мылъкури – фIэкIуэдырт икIи абы къыпэплъэр зыт: пщылI хъун.
Къэбэрдейм игъащIэми щекIуэкI а Iуэхугъуэр нэхъ нэрылъагъу хъун щхьэкIэ, щапхъэу къэпхь хъунущ ХьэтIохъущокъуэ Кушыкупщым Ахъмэт ТIэхъу судым зэрыритауэ щытар. ПIалъэкIэ лажьэ къэбэрдей судыр а Iуэхум хэплъа иужь, полковник Пиратинскэм1834 гъэм гъатхэпэм и 5-м хуитха рапортым мыпхуэдэу итт: «Уэ зи щIыхьыр иным мэзаем и 8-м къызэрыхэплъхьам ипкъ иткIэ, судыр хэплъащ къэбэрдеипщ, корнет ХьэтIохъущокъуэ Кушыку и тхьэусыхафэм, и адэм щхьэхуит ищIыжауэ щыта Ахъмэт ТIэхъурэ абы и къуэшхэмрэ я щIыпIэр щхьэщэхуж уасэу къритын хуейуэ зэгурыIуауэ щыта пэтрэ, иджы ар къратын зэрамыдэжым теухуам. Ахъмэт ТIэхъу щеупщIым къызэрыжриIамкIэ, дунейм ехыжа пщы ХьэтIохъущокъуэ Темырболэт абы и адэмрэ и унагъуэмрэ щхьэхуит щищIыжым, щIапIэри къахуигъэнэжауэ щытащ, абы теухуауэ щыхьэт тхылъ щыIэщ, хьэрыпыбзэкIэ тхауэ, Темырболэт и пщылI Хьэмырзэ, абы и фызыр, и бынхэр щхьэхуит ищIу, мылъку ябгъэдэлъри къызэрыхуигъанэр, ауэ езыр и уэркъыу къызэрынэр. А тхыгъэр щызэхалъхьэм щыхьэту щытащ Думэн Къэнщауэ, Шырыкъу Аслъэн, нэгъуэщIхэри».
Аращи, и пщылI Ахъмэтхэ уэркъыцIэ яритри, ХьэтIохъущокъуэ Темырболэт уэркътыну абыхэм я мылъкур къахуигъэнэжащ, апхуэдэу имыщIамэ, мылъкур зэрыщыту щхьэщэхуж уасэу езым ей хъунут, модрейхэр щхьэхуит ящIыжа мэкъумэшыщIэхэм яхыхьэнут.
Языныкъуэхэм деж пщыхэр зыщIэныкъуэкъухэм къулыкъущIэхэр хэплъэн ядэххэртэкъым, ахэр «делагъэ дыдэу» къалъытэрти. Апхуэдэу прапорщик пщы Мысост Александр суд пащхьэм ихьауэ щытащ Щэрдэн Мухьэмэт и мылъкум щыщу дыжьын сом 1500-рэ къритыжын хуейуэ къигъэуву. Абы зэрыжиIэмкIэ, Мыхьэмэт и адэшхуэм пщы Мысост Алексей щхьэщэхужыпщIэу иритын хуейуэ апхуэдиз щIыхуэу къытенауэ щытат. Корнет Щэрдан Мыхьэмэт и адэшхуэр Къундетым и уэркъыу зэрыщытар икIи 1701 гъэм щыщIэдзауэ абы и къуажэм зэрыщыпсэуар къигъэлъагъуэкIэрэ, мыпхуэдэу итхыгъащ: «Абы пщы Мысост Алексей щхьэщэхуж уасэ иритын хуейуэ телъамэ, ар Къундетым и уэркъыу щытынкIэ Iэмал иIэтэкъым икIи абы уэркътын къритынутэкъым; Мысостми а ахъшэр занщIэу Iихыжынт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а зэманым Къэбэрдейм пщыхэм я лъэкIыныгъэр апхуэдизкIэ щыинти, апхуэдэ щIыхуэ умытыжыну къызэрыпхуадэн щыIэтэкъым».
Мыбдеж дэ Мысостым жиIэр пэжрэ пцIырэ зэхэдгъэкIын Iуэху зетхуэркъым, дэ дызыхуейр Къэбэрдейм мис мы зы гугъу тщIы зэдауэ-зэныкъуэкъум хуэдэ щыIэу зэрыщытар къэдгъэлъэгъуэну аркъудейщ.
Пщыхэр щхьэщэхужыпщIэ къеIыхыжыным къыщызэтеувыIэртэкъым, нэхъ уэркъ жьгъейхэр пщылIыпIэ зэрырагъэувэн яужь итт. 1853 гъэм щIышылэм и 25-м уэркъ фызабэ Мэсей Iэмалхужан генерал-майор Грамотиным хуэтхьэусыхауэ щытщ» къэбэрдеипщ прапорщик Дохъушокъуэ Бэчмырзэ пщылIыпIэ сригъэувэну мурад ищIащ,» жиIэри. Абы зэрыжиIамкIэ, япэми апхуэдэ гуращэ абы щищIым, абы и щхьэгъусэ дунейм ехыжам – Мэсей Тау – ПIалъэкIэ лажьэ къэбэрдей судым тхьэусыхэри пщыр зыщIэкъур судым къыхуидауэ щытакъым. Иджы аргуэру Дохъушокъуэ унагъуэмрэ абы и Iыхьлыхэмрэ фызабэм къыкIэрыхъыжьауэ къагъэпсэуркъым.
Пщыхэм дапщэщи яхузэфIэкIыртэкъым я уэркъхэм, абыхэм уэркъыцIэ зэрызэрахьэр щIауфэу, щхьэщэхужыпщIэ паубыдыну. Псалъэм папщIэ, пщы ХьэтIохъущокъуэ Кушыку хущIэуфэнутэкъым ПщыцIыкIухэ зэрыуэркъыр – 1825 гъэм зэхагъэува тхылъым итт ахэр езыхэм я уэркъхэр яIэжрэ лъэпкъ цIэрыIуэу зэрыщытар. 1833 гъэм корнет пщы ХьэтIохъущокъуэ Кушыку и командирым, генерал-майор Розен, зыхуигъэзащ езым и унафэм щIэта уэркъ ПщыцIыкIум, иджы дунейм ехыжам, и щIапIэмрэ и мылъкумрэ къратыну елъэIуу. Абы зэритхамкIэ, лIам и щIэиныр зратын зыри иIэтэкъым. Къэбэрдей линэм и унафэщI полковник Пиратинскэм и унафэкIэ 1834 гъэм пIалъэкIэ лажьэ судыр а лъэIум хэплъащ икIи къилъытащ и ныбжькIэ щIалэу лIа уэркъ ПщыцIыкIу Умар и лъапсэр пщы ХьэтIохъущокъуэм щIептын щхьэусыгъуэ лъэпкъ щымыIэу. Умар и лъапсэр абы и адэшхуэ ПщыцIыкIу Ислъам щIэину къыхуигъэнауэ щытащ, апхуэдэу щыщыткIэ, хабзэм тету Умар иужькIэ ар зылъысын хуейр Iыхьлы гъунэгъухэрщ.
Зэрытлъагъущи, ХьэтIохъущокъуэ Кушыкупщым дунейм ехыжа ПщыцIыкIу Умар и мылъкур зэрилъэфэлIэну пылъащ, щIэиныр зратын щыIэкъым жиIэри. Ауэ ПIалъэкIэ лажьэ къэбэрдей судым хэтхэм хабзэр якъутэу ар пщым иратыфакъым, атIэ зылъысыпхъэхэм, псом япэу лIам и адэ къуэшым етын хуейуэ къалъытащ. Мы Iуэхум нэхъ гупсэхуу ухэплъэмэ, гу лъыптэну гугъукъым пщым хабзэр езым зыхуеймкIэ ишэну зэрыхэтар. Пэж дыдэу, хабзэкIэ пщы ХьэтIохъущокъуэ Кушыку езым и уэркъ лIамэ, абы и мылъкур зылъысыни къыщIэмынамэ. А мылъкур езым къищтэ хъунут. Иджы уэркъ ПщыцIыкIур фызкъэмышэу зэрылIар къигъэсэбэпурэ, мо зи гугъу тщIа хабзэмкIэ абы и мылъкур зыIэщIигъэхьэну пыхьат. Ауэ абы зыщигъэгъупщэрт (е имыщIэ нэпцI зищIырт) а хабзэ дыдэмкIэ щIэиныр зылъысын фыз, бын щимыIэм деж, лIам и мылъкур, абы нэгъуэщI Iыхьлыхэр иIэмэ, абыхэм зэралъысыр. Ауэ мы Iуэхум къигъэлъагъуэр абы и закъуэкъым. Мыбдеж нэрылъагъу щохъу пщым езым и уэркъ лIам и Iыхьлыхэр иIыгъ нэхърэ абы и мылъкум и Iыхьэр къыIэрыхьэмэ нэхъ къызэрищтэр.
1851 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м пщы ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Кавказ линэм и унафэщIым лъэIу тхылъ ирет. «Уэркъ Ашабэ Хьэжы, - етх абы, - ижь-ижьыж лъандэрэ ди унагъуэм тIыгъщ. Абы и щыхьэтщ сэ уэркътын абы есту зэрыщытар. Иджы гурыIуэгъуэкъым уэркъ Ашабэр къызэдэIуэжыну щIыхуэмейр. ЗэрызыхэсхамкIэ, Ашабэр мэчэ хьэжыщI кIуэну и мурадщ. АбыкIэ хъыбар фэзгъащIэкIэрэ, хуабжьу сыволъэIу абырэ сэрэ ди Iуэхур зэхэмыкIауэ ар Мэчэм кIуэну хуит фымыщIыну».
Шэч хэмылъу мыбдеж Мыхьэмэт зи Iуэху зэрихуэр къедэIуэжыну хуэмей Ашабэм уэркътыну иритар къыIихыжыну аращ.
ИщхьэкIэ къэтхьа щапхъэхэм наIуэу къагъэлъагъуэ Къэбэрдей пщы-лIакъуэлIэшхэм 19-нэ лIэщIыгъуэм и 30 – 50 гъэхэм я дуней тетыкIэм зэрызихъуэжар. Мылъку нэхъыбэ зэгъэпэщыныр, ехьэжьауэ псэуныр абыхэм я хьэл-щэн нэхъыщхьэ хъу зэпытщ. Ауэ а зэманым абы и лъэныкъуэкIэ Iэмал куэд щыIэтэкъым – пащтыхьым и колониальнэ дэкъузэныгъэм, Къэбэрдейр къулейсыз зэрыхъуам, сатум зэрыщимыужьам кIуапIэ къратыртэкъым. Абы къыхэкIкIэ тепщэ гупым ахъшэ хэкIыпIэ закъуэу къахуэнэжар – я пщылIхэр щхьэщэхужыпщIэ къыIахыурэ хуит ящIыжыныр арати зэпымыууэ къагъэсэбэпырт.
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: