НОБЭ

Накъыгъэм и 5, мэрем
 

Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
1912 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пэрэныкъуэ Мурат.
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир.
1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ.
1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Апышэ Абрэдж.
1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ.
1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор Нэхущ Владимир.
1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академикыу щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн.
1944 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Джырандокъуэ Верэ.
1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд.
1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ.
1953 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэмыку Жаннэ.
1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 21-рэ, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи гъунэгъу умыуб, уи благъэщIэ ущымытхъу.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ