Я нэхъ цIыкIури хэкупсэу къагъэхъуЗэманым зи лъэужь дэмыкIуэд Iуэху, махуэ хэха куэд щыIэщ. Апхуэдэщ кIуэ пэтми нэхъ гуащIэжу зыхэтщIэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэрэ зэIэпах, зи пщIэр лъагэ, зи мыхьэнэр ин – ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр. Мыр ди къэралым щагъэлъапIэ махуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ТекIуэныгъэм ди къэралым щIитар мащIэкъым, ар цIыху мелуанхэм я гъащIэщ, сэлэт хахуэхэмрэ лIыхъужьхэм я гуащIэщ. Абыхэм я фIыгъэкIэ мамыр гъащIэщIэр зэфIэуват. Мы махуэм дэ иджыри зэ дропагэ ди адэшхуэхэм яхэлъа лIыгъэм, ди къэралым къызэкъуиха къарум, ди тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
|