Тхылъ нэпцIкIэ зекIуэрт

Полицэм и лэжьакIуэхэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм щаубыдащ щыхьэт тхылъ нэпцI зыIыгъ транспортзехуэр.

Урысейм и МВД-м  Управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм и лэжьакIуэхэм «Малка» къэрал къэпщытакIуэ пунктым деж къыщагъэувыIащ «Тойота» автомашинэр. Белгород областым щыщ, илъэс 27-рэ зи ныбжь цIыхухъум паспортым и пIэкIэ водителым и щыхьэт тхылъыр къаригъэлъэгъуащ. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм сэтей къащIащ тхылъыр зэрынэпцIыр - транспортым дэсым апхуэдэ бжыгъэрэ сериерэ зэрыт удостоверенэ зэи зыщIыпIи къыщрататэкъым.

МВД-м къэпщытэныгъэхэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм къызэрахутамкIэ, Гознакымрэ полиграф дамыгъэхэмрэ зэтемыхуэныгъэхэр яIэт.

Яубыдам зыиумысыжащ, транспортым дэтIысхьэну хуимыту хабзэкIэ къыщраухылIэм, ИнтернетымкIэ дэфтэр нэпцI зэрызэригъэпэщамкIэ. 2023 гъэм гъатхэпэм и 25-м ар къищэхуат, сом мин 60 щIитри.

Урысейм и МВД-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм дэфтэр нэпцIыр къызыкъуахам ехьэлIа уголовнэ Iуэху къиIэтащ Урысей Федерацэм и Уголовнэ кодексым и 327-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм (дэфтэр, къэрал дамыгъэ, мыхъур, бланк нэпцIхэр ягъэхьэзырынуи къагъэсэбэпынуи зэрыхуимытыр зыубзыхум) ипкъ иту.

Дэфтэр нэпцIыр зыгъэхьэзыру зыща сайтыр зейхэри иджыпсту къалъыхъуэ.

КъБР-м щыIэ МВД - м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: