Зы къалэм хаситI дэтщ

Тыркум и Къайсэр къалэр адыгэ нэхъыбэ дыдэ щыпсэу жылэхэм хабжэ. Абы ди лъэпкъэгъуу мин 60 хуэдиз дэсщ, къедза къуажэхэм щыщхэри хэту. Къайсэр Адыгэ ХаситI щолажьэ. Зыр щэнхабзэм, бзэм, щIалэгъуалэ Iуэхум нэхъ епхащ, адрейр нэхъыжьхэмрэ динымрэ нэхъ толажьэ.

Къайсэр университетым Адыгэ кафедрэр къыщызэIуахым, псом нэхъыбэу иужь итахэм ящыщщ Хасэхэр, иджыри ялъэкI къамыгъанэу студентхэр адыгэбзэ къудамэм ирашалIэ. Хэхэс адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ Хасэхэм.

Нобэ а Хасэхэм я къудамэхэр нэхъыбэу къалэм дэтыныр нэхъ сэбэпт, сабийхэр нэхъ тыншу адыгэ унэм ирашэлIэфын папщIэ. Хасэм адыгэбзэмкIэ курсхэр щокIуэкI, сабийхэр, щIалэгъуалэр къэфэкIэ ирагъасэ, бзэм зиужьыным йолэжь. «Зы бзэ - адыгэбзэ» гуп щыIэщи, ахэр бзэм кIэлъоплъ. Этимологие и лъэныкъуэкIэ псалъэхэр зэпкърах.

Хасэм кърихьэжьа IуэхущIэхэм ящыщу къайхъулIащ адыгэ кхъуейм и патентыр къызэрыIахар. Иджы кхъуей щыхах завод зэрагъэпэщауэ, адыгэ кхъуей плъыжь ящI, ящэ. АбыкIэ Къайсэр и къалэ унафэщIыр хуабжьу къадэIэпыкъуащ. ЖыIэн хуейщ лъэпкъ IуэхухэмкIэ Тырку къэралыгъуэр Хасэхэм фIыуэ зэрадэIэпыкъур.

Абыхэм къадэкIуэу адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIым щыхуагъасэ курс щыIэщ Хасэм. Абы папщIэ пщэфIапIэ зэгъэпэща яIэщ. КъБР-м щыщ Къущхьэ Оксани зыбжанэрэ ирагъэблагъэри, мастер-класс щитащ.

ХаситIри университетым быдэу пыщIащ. Адыгэбзэм Тыркум зыщиубгъунымкIэ, щэнхабзэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ, адыгэ лъэпкъ зэхэщIыкIыр лъым хэпщэнымкIэ Хасэхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIыу жысIэфынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ дэтхэнэ зыми фIыщIэшхуэ хуэфащэщ.

Къайсэр щыпсэу адыгэхэр къызэрызэтенам, нобэ яIэ псэукIэм къытхутопсэлъыхь педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм и доцент Инчы Иринэ:

- ГуфIэгъуэкIэ е гузэвэгъуэкIэ, благъагъэкIэ унагъуэ куэдым сихьащ сэ. Мыбы щыIэ нэхъыжьхэр къуажэхэм къыщыхъуащи, адыгэбзэр фIыуэ ящIэ, адыгэ гушыIэкIэ дахэ яхэлъщ. Дахащэу зохъурджауэхэр. ЕмыкIумрэ екIумрэ зэхащIыкI - сэркIэ ар лъапIэщ. Нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я тIысыпIэхэр ящIэ, унагъуэ хабзэр яIыгъщ. Дауи, абы зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри игъуэтащ. СэркIэ ари тэмэмщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хабзэр ижыхьакъым, ар лантIэщ, зэманымрэ узыхэт дунеймрэ епхащ. Псом нэхъыщхьэр пкъыращ, ар псэумэ, лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэнэнущ.

Псалъэм папщIэ, си пщыпхъум и унагъуэм ис сабийхэр псори адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. Илъэс пщыкIубгъу хъууэ зы пхъурылъху щIалэ яIэщи, ар, езым зригъэсэжауэ, адыгэ пшынэ йоуэ, уэрсэру мэпсалъэ, адыгэ нэтынхэм интернетымкIэ йоплъ, уэрэдхэм йодаIуэ. Абы и шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIур екIуу къофэ, ари мэпсэлъэф, йоджэф. Мы унагъуэм адыгэбзэкIэ псори щопсалъэ, я сабийхэр Хасэм макIуэ.

Хасэхэм мыхьэнэшхуэ щаIэщ Тыркум, ахэр щэнхабзэ центр хъуащ. ЩIалэгъуалэ куэд зэхуашэсыф, адыгэ щэнхабзэм ирашэлIэф. Лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI Хасэхэм. КIэщIу жыпIэмэ, сэ сызрихьэлIа цIыхухэм я нэхъыбэм бзэр ящIэ, иропсалъэ. Зыгуэрхэм къагуроIуэ, ауэ псэлъэфыркъым.

ЩIалэгъуалэм ящыщу нэхъ дызрихьэлIэр студентхэращи, ахэр адыгэбзэ къудамэм къыщIыщIэтIысхьар бзэр, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр ящIэну хуейуэ аращ. Аракъэ адыгэну хуейм къикIыр?! Зы мащIэми хуабжьу щогуфIыкI, яфIэгъэщIэгъуэну махуэхэм я цIэхэр зэрагъащIэ, адыгэ нэщэнэхэр, псалъэжьхэр телъыджэ къащохъу. Псалъэжьхэм я мыхьэнэр зэрыкуур, купщIэшхуэ зэраIэр езыхэм жаIэ. ЯфIэфIу адыгэ псалъэжьхэр тырку псалъэжьхэм ирагъапщэ. Тхыдэри, хабзэри, бзэри хъарзынэу къащтэ, я унагъуэхэм ар щаIуэтэж. Апхуэдэу щыхъукIэ, ди студентхэм нэмыщI, абыхэм я унагъуэми дыщылажьэу жытIэ хъунущ.

Ди студентхэм ядэслъагъур цIыхугъэщ, гуапагъэщ, бзэ IэфIагъэщ, гъэсэныгъэщ, хуитыныгъэщ, щIалэгъуалэр зэIухащ. ЗэрыжысIащи, дэ адыги тыркуи идогъаджэ. ЦIыхугъэр дэни щыцIыхугъэщ. Тыркум щыпсэу адыгэхэр тыркухэм ещхь хъуарэ мыхъуарэ сэ жысIэфынукъым, ауэ Хэкум щыпсэу адыгэхэм къазэрыщхьэщыкIыр нэрылъагъущ. НэгъуэщIуи хъункъым. Мыр нэгъуэщI къэралщ, щызекIуэр нэгъуэщI бзэщ, нэгъуэщI хабзэщ. Ауэ адыгэхэр зы зыщIу, лъым хэлъу гу зылъыстэр, нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIырщ, щIэныгъэм зэрыхуэпабгъэрщ, адыгэгу зэракIуэцIылъырщ. Лъэпкъ зыхэщIыкIыр дэтхэнэми къыдокIуэкI.

Сыт хуэдэ къэкIуэн яIэ Тыркум щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм жыпIэмэ, си гугъэмкIэ, Тыркум щыпсэу хэхэс адыгэхэм гъуэгуитI къапэщылъщ. Языныкъуэхэр я IуэхущIафэмрэ я фейдэмрэ хигъэшыпсыхьыжынущ, иныкъуэхэр е инэхъыбэр, я лъэпкъ зэхэщIыкIыр текIуэнурэ, адыгэу къызэтенэнущ.

Пэжщ, ди зэманым зэпыщIэныгъэхэр нэхъ ефIэкIуащ, ауэ ахэри сфIэмащIэщ. Хэкум кIуэн-къэкIуэжыныр нэхъ тынш, нэхъ пуд хъун хуейщ. Къэбэрдей, Шэрджэс, Адыгей щIыналъэхэм зэи щымыIа хэхэсым и нэгу къыхущIэгъэхьэнукъым адыгэ псэукIэр, гупсысэкIэр, зэхэтыкIэр. Ди студентхэр бзэмкIэ практикэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым нэтшэну дохъуапсэ, ар къыддэзыщтэн, къыддэзыIыгъынхэм дащощIэ. ФIы дыдэ хъунут Эрджиес университетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ зэдэлэжьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIамэ.

Ди студентхэр Налшык накIуэмэ, хэкурыс студентхэм ядеджэмэ, къэрал псэукIэр ялъагъумэ, адыгэхэм яхыхьэмэ, адыгэбзэр нэхъ тыншу зэрагъэщIэнут, я адыгэпсэми «дамэ къытекIэнут».

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться: