Спорт хъыбархэр

Баскетбол

Ди командэм и ехъулIэныгъэ

Краснодар щIыналъэм щекIуэкIащ баскетболымкIэ Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ я щIыналъэ зэхуаку турнир. Абы хэтащ илъэс 16 нэхърэ мынэхъыжь хъыджэбз цIыкIухэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пщащэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ.

Командэ лъэрызехьэ 16 щызэпеуа зэхьэзэхуэм ди республикэм и спорт щIыхьыр зыхъумар Налшык баскетболым щыхугъасэу дэт курыт еджапIэ №2-м и гъэсэнхэрщ. КъыпэщIэтауэ хъуам ятекIуэу иужь дыдэ а зэIущIэм нэса ди хъыджэбз цIыкIухэм я дежкIэ ар псом нэхърэ нэхъ гугъут. Тынштэкъым зэхьэзэхуэр щекIуэкI Кропоткин къалэм и командэм уатекIуэныр. Ауэ, дапхуэдэу щымытами, ди хъыджэбз цIыкIухэр 51 : 47 бжыгъэкIэ абыхэм ефIэкIри, япэ увыпIэр яубыдащ. Абы къищынэмыщIауэ, ди баскетболисткэ Къул Амелие топ нэхъыбэ дыдэ зэрыдигъэкIар къалъытащ. Апхуэдэу нэхъыфIу джэгуахэм хабжащ  ШутIэ Оксанэ.

Командэм и гъэсакIуэхэр Тхьэкъуахъуэхэ Риммэрэ Уэсмэнрэщ.

 

Каратэ

Этезов Владимир и ещанэ увыпIэ

Москва областым хиубыдэ Люберцы къалэм Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ-космонавт Горбатко В. В. и фэеплъу зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.

Урысейм и спортсмен нэхъыфIхэу дунейпсо чемпионатхэм ехъулIэныгъэ щызиIахэр мыбы щызэхуэсат. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт щIыхьыр зыхъумар республикэм каратэмкIэ и федерацэм и президент, «Барс-Тырныауз» академием и гъэсакIуэ нэхъыщхьэ Этезов Владимирщ. Нэхъ лъэрызехьэу, зи мыхьэнэр нэхъ лъагэу къалъыта гупым абы ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Абы къратащ фэеплъ медаль. «Барс-Тырныауз» академием и спортсменхэм я зэфIэкIыр къалъытэри, къыкIэлъыкIуэну зэхьэзэхуэми ирагъэблэгъащ, щIалэгъуалэ нэхъыби яшэну къыхураджащ.

 

БэнэкIэ хуит

Спортым и мастерыр ягъэлъэпIащ

Къуажэхэм спортым зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Бражкэ Валентин илъэс 75-рэ зэрыхъур Прохладнэ куейм щагъэлъэпIащ.

Спортсменым и ныбжьэгъухэм я мызакъуэу, пщIэ къыхуэзыщIхэми къэзыцIыхухэми мыбы зыкърагъэхьэлIат, СССР-м спортымкIэ и мастер, бэнэкIэ хуитым ехъулIэныгъэшхуэхэр щызиIа, къуажэ спортым зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ мымащIэ хуэзыщIа спортсменым къыщалъхуа махуэр даIэтыну. Апхуэдэу куэд хъурт и гъэсэнхэри.

Районымрэ Учебнэ къуажэмрэ я унафэщIхэм Бражкэ Валентин тыгъэхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ хуэупсащ, фIыщIэ ин хуащIащ.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: