Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту 2023 - 2024 гъэхэм Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щагъэзэщIэнущ «ЩIыуэпс» къэрал программэм и унэтIыныгъэ нэхъ инхэм ящыщ зыр. Ар хуэунэтIащ цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр иджырей щIыуэпс къабзагъэ мардэхэм ткIийуэ тегъэувэным.
А къалэныр зи пщэ дэзылъхьа, Урысейм кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэм къипщытэнущ къалэ къэс, я инагъым емылъытауэ, промышленнэ IуэхущIапIэу дэ- тыр, цIыхухэм я узыншагъэм зэран хуэхъу щыIэмэ, ахэр икIэщIыпIэкIэ ягъэзэкIуэжын хуэдэу.
Ди къэралым щымащIэкъым промышленнэ къалэшхуэхэр, нэхъ цIыкIухэми IуэхущIапIэ мыинхэр щагъэлажьэ. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIыу абыхэм ящыщ куэд экологием ехьэлIауэ щыIэ шынагъуэншагъэ мардэхэм ебэкъуэн хуей мэхъу, адэкIэ абы кърикIуэнкIэ хъуну псом емыгупсысу.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр къапоплъэ газкIэ, фIамыщIкIэ лажьэ хьэкухэр зиIэхэм зэманым къемызэгъыж Iэмэпсымэхэм. «Программэ Ипщэ», «Программэ Ищхъэрэ» фIэщыгъэхэм щIэту Iуэхур пIалъэ пыухыкIам тету кърахьэлIэнущ.
2022 гъэм проектыр щагъэзэщIащ къалэ 29-м. Дызытехьа 2023 гъэм и фокIадэ мазэм абыхэм я бжыгъэр 41-м нэсынущ. Апхуэдэу 2023 - 2024 гъэхэм къриубыдэу Уры сейм и щIыналъэ псоми пэхуэщIэр щагъэзэщIэну трау-хуащ.
Къэрал мылъкум къыхэкIыу абы хухахащ сом мелардищэхэр. Хьэуар зэрагъэкъэбзэну IэмэпсымэщIэхэм я сэбэпкIэ лэжьыгъэм трагъэкIуадэ электрокъарур зэгъэзэ хуа хъунущ, предприятэхэм я фейдэм хэхъуэнущ, автомобилхэм къапих гъуэз зэранхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъунущ. А Iуэхум теухуауэ щIыналъэхэр щIадзауэ къызэрагъэпэщ хьэуам и къабзагъэм зэран хуэмыхъу, цIыххэр къызэрырашэкI транспорт лIэужьыгъуэщIэхэмкIэ. Ахэр яузэдынущ къалэ кIуэцIхэм щыIэ хьэуам и къабзагъэр къэзыгъэлъагъуэ IэмэпсымэхэмкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, Налшык и уэрам нэхъыщхьэхэм трагъэуващ зи гугъу ящI щIыуэпс къабза-гъэ мардэхэм тет автобусышхуэхэр. Зэрыфлъагъущи, ахэр къызэгъэпэщащ хьэуар зыгъэкъабзэ IэмэпсымэхэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэуам къабзагъэкIэ къыпэхъун къэгъуэтыгъуей пэтми, бизнес цIыкIумрэ ику итымрэ я лэжьэкIэхэм я лъэныкъуэкIэ гу зылъытапхъэхэри зэрыщыIэм шэч хэлъкъым.
Къабзагъэ мардэм хиубыдэр хьэуам и закъуэкъым: узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэхэр, газхэр, IуэхущIапIэхэм екIуалIэ псы зрикIуэ бжьамийхэм я щытыкIэмрэ абыхэм къиж псыр зыхуэдэмрэ - а псори къызэщIиубыдэнущ лъэныкъуэ куэдкIэ лэжьэну программэм. Абы сэбэпынагъыу цIыхум къахудэкIуэнур къызэрыплъытэ хъуну щапхъэхэщ Налшык и «Гидрометаллург», Нарткъалэ дэта абдж заводхэр, нэгъуэщIхэри.
ЛЪОСТЭН Музэ.