Нобэ

Мэкъуауэгъуэм и 30, мэрем

         Парламентаризмэм и дунейпсо махуэщ

         Астероидым и дунейпсо махуэщ

         1908 гъэм Бахъсэн, Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.

         1891 гъэм къалъхуащ шыхъуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щоджэн ТIэлашэ.

         1945 гъэм къалъхуащ Канадэм щыщ профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, нарт эпосым тетхыхьа Коларуссо Джон.

         1954 гъэм къалъхуащ Аруан муниципальнэ щIыналъэм къыщыдэкI «Маяк» жылагъуэ-политикэ газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист КIасэ Валерэ.

 

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ.   Хуабэр махуэм   градус 17 - 18, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Дзыгъуэ нэпсейр шэм етхьэлэ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ