Медалхэр яIыгъыу къагъэзэж

Краснодар крайм иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм мас-рестлингымкIэ я 15-нэ урысейпсо джэгу зэIухахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэм абы ещанэ команднэ увыпIэр къыщахьащ. Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIынэлъэу 8-м я спортсмени ­100-м щIигъу.

Зыхэта гупхэм пашэ щыхъуащ Мамхэгъ   Асир, Ало Андемыр, Мэкъуауэ Силинэ сымэ. Дыжьын медалхэр къахьащ ЛъэнкIэпIашэ ­Расим, Сатушы Тамерлан, Мэршэнкъул Лианэ сымэ.
НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзырар тренерхэу Хьэгъэжей Алимрэ Ерыджокъуэ Сэлимэрэщ. 

БЭТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться:

Читать также: