ЗыплъыхьакIуэм и гъуэгухэр

Адыгэ щIалэ Чупэ Окан нэхъыбэ дыдэу зытепсэлъыхьын фIэфIыр зекIуэрщ. Дауи, хамэ къэрал паспорти 8 зиIэ, къэралыгъуэ 56-м щыIа лIым жиIэжын и куэдщ. Абы щIыпIэ куэдым ныбжьэгъухэр щиIэщ, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ зыщIегъэхьэ. Илъагъу псори тхылъымпIэм третхэ, ахэр цIыхухэм яхуиIуэтэнуи фIэфIщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр зы цIыху гуэрым хуитх хуэдэщ, абы къыхэкIыу, еджэу хъуам езыхэм яхуэгъэзауэ фIэкIа къащымыхъуу, яфIэгъэщIэгъуэну зэIэпах. Тхэным и закъуэкъым Окан дэзыхьэхыр, атIэ куэд дыдэ щIеджыкI, сурэт дахэу трех, пшынэ Iэзэу йоуэ. 
Фэри нэIуасэ фыхуэтщIмэ тфIэигъуэу, тыдодзэ Окан «Жьынэпс» газетым къыIиха интервьюм щыщ пычыгъуэ. 

 

- Окан, уи хъыбар мащIэу зэхэзыхахэм нэхъ укъацIыхун папщIэ сыт къыджепIэн? 
- ЗыплъыхьакIуэу, слъагъухэр стхыжу сызэрыщытым сыкъытеувыIэнщ. 1972 гъэм Тыркум и Адапазар къалэм сыкъыщалъхуащ,  Самсун сыкъыщыхъуащ. ДыщыцIыкIум къалэ куэд зэтхъуэкIащ, псэупIэ тщIащ, ди адэм и IэнатIэр щрихьэкIа щIыпIэхэращ ар. Си анэр абхъазщ, си адэр убыхщ. 
- «Жьынэпс» газетым илъэс куэд щIауэ укъотхэ. Мыра къыщебгъэжьар уи зекIуэм теухуахэр птхыжыныр?
- Газетым нэIуасэ сыхуэзыщIар КIэрмыт Сэбэхьэтдинщ. СыздэщыIахэр, слъэгъуахэр къэстхыжмэ фIэигъуэу зыкъысхуигъэзати, згъэщIэхъуакъым. Сыдихьэхри, сытхэу щIэздзащ. Ауэрэ си письмохэр зэрыт «Нал лъэужьхэр» зи фIэщыгъэцIэ тхылъыр къыдэзгъэкIащ. 
- Уи тхыгъэхэр письмо лIэужьыгъуэм ещхьщ, пцIыху гуэрым хуэптхым хуэдэу. 
- Пэжыр жыпIэмэ, гукъэкIыж гуэрхэр си щхьэм илъыну е макъкIэ езгъэтхыну си хьэлкъым. Си щхьэм къихьар, си нэм илъэгъуар, сигу щыщIэр занщIэу тхылъымпIэм тестхэу аращ. ИтIанэ гупсысэ нэхъ куухэмрэ гурэ псэкIэ нэхъ зыхэсщIахэмрэщ цIыхухэм яхуэсIуэтэжыр. Слъагъур стхыжу аращ, армыхъумэ, гукъэкIыж сиIэкъым. СфIэгъэщIэгъуэн хъуар занщIэу сIуэтэжын хуейщи, письмо сотх. Апхуэдэу зыгуэрым хуэстха хуэдэ письмохэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ, «Зэ гъэзэгъуэ IункIыбзэт» абы фIэсщар. Ар псынщIэ дыдэу зэбграхри, иджыри абхъазыбзэкIэ зэдзэкIауэ къыдэкIауэ щытащ, Аламие Геннадий пэублэ псалъэ хуитхри. 
- Сыт уи тхылъым еджэхэр нэхъыбэу дэзыхьэхыр? 
- Си тхылъхэм цIыхухэр щIеджэр, куэду щIызэбграхыр ныбжьэгъу сызэрикуэдыр арауэ хузогъэфащэ. 
- «Эльбрус» зыфIэпща проектым и гугъу къытхуэщIыт. Сыт абы къызэщIиубыдэр? 
- Ар япэ электроннэ журналу жыпIэ хъунущ. Щэнхабзэм теухуауэ мазэм зэ къыдэкI журналщ. Ар си гъусэу ящI цIыху 40-м. ИлъэситI зэкIэлъыкIуэм журнал 24-рэ къыдэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар иджыпсту зэпыдгъэуащ, ауэ едгъэжьэжу ди журналыр еджакIуэхэм яIэрыхьэну согугъэ. 
- Уэ зекIуэ ущыIэ зэпытщ. Дэри «дызэгуэпу» дыпкIэлъоплъ. Лэжьыгъэмрэ къэкIухьынымрэ дауэ зэдэпхьрэ? ЗекIуэ зыфIэфIхэр иригъуэзэну зыгуэр яжепIэн?
- ЦIыхум и хъуэпсапIэр зыIэригъэхьэн хуейщ. Сэ си гур хэзыгъахъуэр зекIуэнращ. ЩIыпIэщIэхэр зэзгъэлъагъуну, цIыхущIэхэр зэзгъэцIыхуну, дунейм и инагъымрэ и цIыкIуагъымрэ згъэунэхуну сфIэфIщи, зыплъыхьакIуэ сокIуэ. Абы иджыри зы хьэлэмэт хэлъщ. Зауэр зыми зэрыфIэмыфIыр, цIыхухэр щыпсэу щIыпIэм, къызыхэкIа лъэпкъым, зэрахьэ бзэм, диным емылъытауэ зэрызэхуэгуапэр, тыншу зэрызэгурыIуэр си нэгу щIокI. Си щапхъэр, си чэнджэщхэр адрейхэм яфIэмыгъэщIэгъуэнынкIи мэхъу, зыплъыхьакIуэ ухъун щхьэкIэ дунейр зэбгъэлъагъуну ухуеин хуей къудейуэ аращ. ИтIани, чэнджэщ гуэр жыфIэмэ, уздэкIуэнури, укъыщыувыIэнури, щызэбгъэлъагъунури пщIэуэ иужь уихьэн хуейщ Iуэхум, апхуэдэу нэхъ пуду ущыпсэун, кхъухьлъатэр щымылъапIэ махуэр къыхэпхын хуейщ. Тыншу, пуду, гукъинэжу узекIуэным куэд пыщIащ. Ахэр зэхуэбгъэкIуэфын хуей къудейуэ аращ. 
 Эйфелевым и чэщанэ Париж дэтыр сымылъагъуу хъунукъым жызыIэхэм сащыщкъым. УздэщымыIа щIыпIэ укIуа, умыцIыху лъэпкъ уахыхьа нэужь, плъагъу, зэбгъащIэ псори пфIэгъэщIэгъуэнщ. ИтIанэ, зэ ежьэгъуэкIэ псори пхузэщIэгъэхьэнукъым. Зы къэралым и щIыпIэ дахэ псори зэ кIуэгъуэкIэ къызэщIэбубыдэну яужь уихьэ хъунукъым. Абы къыщытебгъэзэжыни къыпхуихуэнущи, фигу фымыгъэныкъуэ. 
- Кавказым ущыIа? Сыт нэхъ уигу къинэжар? 
- Кавказым япэ дыдэу 2000 гъэм сыкIуащ. ИлъэсипщI хъуауэ, Iэмал иIэххэу зы илъэс дэзмыгъэхуауэ, сокIуэ. Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием сыщыIащ. Дэтхэнэри уигу къызэринэжын беягъ ябгъэдэлъщ, щIыпIэ дахэ куэд яIэщ. Зэи сщыгъупщэжынукъым Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ абазэ нанэ цIыкIум Iэнэ лъакъуищым дыбгъэдэсу къысхуиIуэта хъыбархэр. КъиIуатэ пэтми и гум зигъэнщIыртэкъым, сыту куэд ищIэрэт абы. 
Кавказыр адрей къэралхэм ещхькъым, ар ди Хэкущ, ар нэхъ дахэщ, жэнэтщ. 
- Уи письмохэм ящыщ зым иптхащ зэ уздэщыIа къэралым тIэу, щэ тумыгъэзэжын плъэмыкIыу. Къэрал дапщэм ущыIа? Дэнэ нэхъыбэрэ уздэкIуар? Сыт зэ уздэщыIа щIыпIэм тебгъэзэжын хуей щIэхъур, сытым уишэрэ абы?
- НобэкIэ паспорти 8 сиIэщ, къэрал 58-рэ зэзгъэлъэгъуащ. Нэхъапэм сигу къэкIакъым, ауэ иджы сыздэкIуэ щIыналъэхэм я къэрал ныпым хуэдэ къыздызохь. «Хэт ищIэрэ мы къэралым афIэкIа зэи къытезмыгъэзэжынкIи мэхъу» жысIэу ныпыр къыздэсхьмэ, нэхъ къызощтэ. 
Дэтхэнэ къэралми езым и щхьэхуэныгъэ, удэзыхьэх гуэр иIэщ. Зыри уигу щримыхь къэхъуркъым, атIэ къыщIэбгъэзэжын телъыджэ гуэр ущрохьэлIэ. Ар гъэщIэгъуэнщ. Мис апхуэдэ гъэщIэгъуэнхэрщ укъезышэкIри, удэзыхьэхри, щIытебгъазэри. 
 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: