Адыгэ дохутыр цIэрыIуэ

Шекерджи (Мамхэгъ) Зэки и адэшхуэр илъэси 160-рэ и пэкIэ хэкум ирахуахэм ящыщщ. Тыркум Iэпхъуа унагъуэм я адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ лIакъуэ-лIакъуэкIэ зэIэпахыурэ иджырей щIэблэм я деж къахьэсыфащ. Зи адыгагъэр ирипагэу зезыхьэхэм ящыщщ Тыркуми, нэгъуэщI къэрал куэдми щыцIэрыIуэ адыгэ щIалэ, дохутыр-нейрохирург, профессор Шекерджи Зэки.
Абы и адэжьыр къыщалъхуар Краснодар крайм хиубыдэ Щхьэщэхуж жылэрщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Мамхэгъ Шумахуэ 1889 гъэм Анкара пэмыжыжьэу Iэпхъуауэ щытащ. Абы быниплI къыхуэхъуащ, языр Зэки и адэ Асхьэдт. Асхьэд балигъ хъуа нэужь, Сиюк тырку жылэм щыщ адыгэ пщащэ щхьэгъусэ ищIащ. Зэки и адэ-анэр къуажэм дэст, мэкъумэш Iуэхум хэтт. Езыри къуажэ курыт школым щеджащ, класс нэхъыжьхэм нэса нэужь, Анкара щыIэ лицейм щIэтIысхьащ. 
- Унэм дызэрыщыпсалъэр адыгэбзэти, нэгъуэщI бзэ тщIэртэкъым. Школым дыщIэтIысхьа нэужьщ тыркубзэр щызэдгъэщIар. Ди унэбжэр сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами хузэIухат, дыхьэщIэкIуапIэт, - жеIэ Зэки.
ЩIалэр школ нэужьым медицинэ институт щIэтIысхьащ. А лъэхъэнэм медицинэ IэщIагъэр хуабжьу ягъэлъапIэрт. «Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, зэкъуэшхэм я бынхэм тщыщу цIыхуи 10-р а IэщIагъэм дыхуеджащ. Медицинэм щIэмытIысхьэфар, юристхэр щагъэхьэзыр къудамэм кIуэрт, - игу къегъэкIыж Зэки. – Нейрохирургиер ауэ сытми къыхэсхакъым. Сытым дежи сфIэгъэщIэгъуэнт щхьэ куцIым и зэхэлъыкIэр. Ар хущхъуэкIэ, згъэхъуж мыхъуу, операцэ езгъэкIуэкIыныр си дежкIэ хъуэпсапIэ ямылей гуэрт. 1980 гъэм «Анкара» университетым сыщIэтIысхьэри, «Щхьэ куцIымрэ нейрохирургиемрэ» IэщIагъэр зэзгъэгъуэтащ. Си насып кърихьэкIри, сэ сригъэджащ щхьэ куцIым и микрохирургиер къэзыгупсыса, нейрохирург цIэрыIуэ, доктор, профессор Яшаргиль Мэхьмуд Гъэзи». 
1983 гъэм университетыр къиухри, лэжьапIэ уващ адыгэ щIалэр. 
- Япэ махуэр нобэ хуэдэу сощIэж, - игу къегъэкIыж иджы дохутыр лъэрызехьэ хъуа Зэки. – Си лэжьэгъуэ жэщым техуауэ машинэ зэжьэхэуэм зи щхьэм фэбжь щигъуэта бзылъхугъэр къытхуашащ. Абы щыгъуэ си закъуэ операцэр езгъэкIуэкIащ. Пщащэри псынщIэ дыдэу зэфIэувэжри, щIэкIыжащ. ИужькIэ ар унагъуи ихьащ, сабии игъуэтащ. 
Мамхэгъ Зэки Анкара, Истамбыл, Кырыккъалэ, Самсун дэт сымаджэщ нэхъыфIхэм щылэжьащ. Данием, Копенгаген дэт университетым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щригъэкIуэкIащ. Нобэ Истамбыл Medipol Mega университет клиникэм нейрохирургиемкIэ и къудамэм и унафэщIщ. Абы егъэхъуж сабийхэри балигъхэри. Зэки и Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэу 117-рэ дунейпсо журналхэм къытрадзащ. Абы и лэжьыгъэхэр къагъэсэбэп адрей щIэныгъэлIхэми. 
Зи гугъу тщIы адыгэ щIалэр Тыркум НейрохирургиемкIэ щыIэ академием и президентщ. Хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Илъэс 40-м щIигъуащ ар и IэнатIэм зэрыпэрытрэ. А зэманым къриубыдэу игу ирилъхьэ псор зэрызригъэхъулIэфымкIэ, и IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм и фIыгъэкIэ пщIэшхуэ зыхуащI дохутыр цIэрыIуэ хъуащ. Зэки деж куэдрэ йокIуалIэ Урысейм икIахэри, ди лъэпкъэгъухэри, СНГ-м щым къэралхэм щыщхэри. Зэи зыри игъэщIэхъуркъым, хузэфIэкIымкIэ ядоIэпыкъу. 
IэщIагъэ къызэрымыкIуэ зиIэ адыгэ щIалэм макъамэри и хамэкъым. Тыркухэм канун жыхуаIэ макъамэ Iэмэпсымэм йоуэф. ЗэрыжиIэмкIэ, макъамэм и псэм зрегъэгъэпсэху.
Зэки и щхьэгъусэ Сумру тырку бзылъхугъэщ, ари дохутырщ, профессорщ. «Ди унагъуэм щыщу сэ зыращ тырку щхьэгъусэ зыщIар. Си адэ-анэр арэзы къыздэхъури, къызагъэшат», - къыддогуашэ Зэки. ПхъуитI иIэщи, зыр Синэмисщ, адрейр Нэрысщ. Нэхъыжьыр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, нэхъыщIэм зэригъэщIакъым. «Тыркум и къалэ куэдым Адыгэ Хасэхэр щолажьэ. Ауэ уэ езыр узэмыгугъужмэ, ахэр сэбэп къыпхуэхъунукъым. ЦIыхум, унагъуэм апхуэдэ жэрдэм иIэрэ къалэну зыхуигъэувыжмэ, дэнэ щIыпIи и бзэмрэ и хабзэмрэ щихъумэфынущ», - жеIэ Зэки. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: