Iэпхъуэшапхъуэхэр дэни щыкуэдщ

 Дунейр къызэриухуэрэ, цIыхухэр Iэпхъуэшапхъуэурэ къогъуэгурыкIуэ. Аращ абыхэм континетитхури щIауфэбгъуар. Ар икIи щIэгъэкъуэнышхуэ хуохъу гъащIэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зегъэужьыным. Пэжщ, нэхъапэм нэхъ лъэщхэр нэхъ къарууншэхэм, зыужьыныгъэкIэ къакIэрыхуахэм, ятеуэурэ, ахэр яубыдурэ, я мылъкур зралъэфалIэу щытащ, ауэ ар нэгъуэщI Iуэхущи, дыкъытеувыIэнкъым. ЗэкIэ зи гугъу тщIынур Iэпхъуэшэпхъуэныр, зы щIыналъэм икIыу адрейм кIуэныр мы зэманым зэрыщыгъэуварщ.  Урысейм нэгъуэщI къэралхэм къикIа цIыху мелуан 12 щопсэу икIи щолажьэ. УФ-м иIэпхъукIахэм я бжыгъэри цIыкIукъым - мелуанипщI. АрщхьэкIэ мыбдеж лъэныкъуитIымкIи щыпэрытхэм Урысейр ауэ жыжьэуи яхэткъым.
Дауи, зи щхьэ езыхьэжьэхэм псом япэу къалъыхъуэр зыхуей щагъуэтыну щIыпIэхэрщ. ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэу здэкIуэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъурщ. Къапщтэмэ, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щыпсэухэм я процент 88-р ахэращ. А къэралым къызэрыкIэрыху щIагъуэ щыIэкъым Кувейтыр, Катарыр, Бахрейныр, Оманыр. Языныкъуэхэм деж бжыгъэхэм уагъэпIейтей. Псалъэм и хьэтыркIэ, лэжьакIуэ къэкIуахэм я зэранкIэ Катарым щыпсэухэм я процент 75-р цIыхухъухэу къыщIидзащ. КъэкIуахэм я нэхъыбэ дыдэр здикIар Индиерщ. Къэдгъэлъэгъуэнщи, мыбы щекIуэкIа Гъэмахуэ олимп джэгухэм я зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкIыну, спортсменхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыщIэсыну псэуалъэ псори къанэ щымыIэу зыухуар а къэралым къикIахэрщ. Сауд Хьэрыпми яхуеблэгъащ нэгъуэщI къэралхэм икIа лэжьакIуэ куэд - къэралым щыпсэухэм я процент 39-р.
 Инджылызыбзэрыпсалъэ щIыналъэхэм я деж бжьыпэр щиIыгъщ Австралием - процент 30, Новэ Зеландием - процент 29-рэ, Канадэм – процент 21-рэ, Ирландием а бжыгъэр процент 18 щохъу.
КъухьэпIэ Европэм мы зэманым къаруушхуэ щрахьэлIэ езыхэм я щIыналъэхэм хамэ къэрал цIыхухэр, псом хуэмыдэу Африкэм щыщхэр, къамыгъэкIуэным. АрщхьэкIэ иужьрейхэм дэпщыпIэ псори къагъэсэбэп, а къэралхэм къихутэн папщIэ. Уеблэмэ, лъэщыгъэкIи щыхущIэкъуи щыIэщ.
Хамэ щIыпIэхэм икIа цIыхухэм псом хуэмыдэу насып къыщалъыхъуэ Швейцарием, Швецием, Австрием, Германием. СССР-м хыхьэу щыта республикэхэм ящыщу Къэзахъстаныр нэхъ я плъапIэщ апхуэдэхэм - мыбы щыпсэухэм я процент 20-р нэгъуэщI къэралхэм икIахэрщ.
Урысейм 1990 гъэхэм лъандэрэ зыщихъуэжыркъым къакIуэхэм я бжыгъэм – ди къэралым щыпсэухэм я проценти 8-м.
ПроценткIэ мыхъуу, цIыху бжыгъэкIэ Iуэхум убгъэдыхьэмэ, щытыкIэр нэгъуэщIу къыщIедз. Мыбдеж зыри лъэщIэмыхьэну щыпашэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ. Абыхэм нэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъукIа цIыху мелуан 50 щыIэщ. Абы кIэлъокIуэ цIыху мелуан 15-м хэщIапIэ щагъуэта Германиер. ЗымащIэкIэщ къазэрыкIэрыхур Сауд Хьэрыпыр - мелуан 13, Урысейр - ипэкIэ зэрыжытIащи, цIыху мелуан 12. НэгъуэщI къэралхэм иIэпхъукIа цIыхухэр псом хуэмыдэу щымащIэщ Кубэм - щыпсэухэм я процент 0,03-р, Китайм - процент 0,07-р, Вьетнамым - процент 0,08-р, апхуэдэу Индонезием, Мадагаскарым, Индием. 

КъыхэгъэщхьэхукIын хуейщ нэгъуэщI къэралхэм икIа цIыхухэм хэщIапIэ яхуэхъуа щIыпIэхэм нэхъ лэжьыгъэ хьэлъэхэр зэрыщрагъащIэр е пщIэ щIагъуэ зыщIамыт IэнатIэхэм зэрыщыпэрытыр. Абыи и закъуэкъым. КъэIэпхъуэхэм я фIыгъэкIэ къэралхэм я цIыху бжыгъэри къызэфIоувэж. Псалъэм и хьэтыркIэ, Германием щыпсэухэм я бжыгъэр ехуэхыпэнут, къэIэпхъуэхэр мыхъуамэ. Ауэ абыхэм щхьэкIи къанэркъым, апхуэдэу щыщыткIи, нэхъыбэ иригъэблэгъэн хуейщ.
Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iыхьэ щанэр здиIэпхъукIыр къэралипщIщ. ЦIыху нэхъыбэ йокI Индием (мелуан 18), абы кIэлъокIуэ Мексикэр (мелуан 12, ауэ къанэ щIагъуэ щымыIэу псори здеIэр США-рщ), Китайм мелуан 11, Сирием (мелуани 8).
 Урысейм къэIэпхъуэхэм я нэхъыбэр къыздикIыр Узбекистанырщ - цIыху мелуанрэ мин 893-рэ. Абы къыкIэлъокIуэ цIыху мелуанрэ мин 300-м нэс къиздикI Таджикистаныр.
Къэгъэлъэгъуэн хуейщ дунейм Iэпхъуэшапхъуэхэм я бжыгъэм зэрыщыхэхъуэр. Мы зэманым абыхэм я бжыгъэр мелуан 300-м нэблэгъащ. Ауэ а псоми ягъуэтрэ зыщыгугъар? Ар нэгъуэщI псалъэмакъщ.
 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: