Къуныжь Ролан и дыщэ медалыр

Дзюдо

Урысей Федерацэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэу иджыблагъэ Тулэ къалэм щекIуэкIар Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэ Къуныжь Ролан хуэугъурлащ. Зэпеуэр зэрекIуэкIам теухуа хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм.

Адыгэ щIалэм кIэух зэхьэзэхуэм нэсын папщIэ зэIущIитху зэкIэлъхьэужьу къихьри, дыщэ медалым щхьэкIэ пэщIэуващ Мэзкуу областым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм щыбанэ Губиев Дамир.  Къуныжьым абы зы Iэмал закъуи иритакъым къытекIуэну, уеблэмэ зэIущIэм хухаха зэманыр и кIэм нимыгъэсу ар къыфIихьащ.

Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 69-м къикIауэ, Донецк Республикэри хэту, илъэс 18-20 зи ныбжь бэнакIуэ 620-рэ.

 

                                                        НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

 

 

 

 

 

Поделиться: