ЗэIузэпэщ ящIащ

Налшык къалэм Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамым, километритI зи кIыхьагъым зэхъуэкIыныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIащ.

А гъуэгур ящыщщ къалащхьэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм, сыту жыпIэмэ, абы тетщ сабийхэм я узыншагъэр хъумэным телажьэ медицинэ IуэхущIапIэ куэд: Сабий унэр, перинатальнэ, IэнатIэ куэду зэхэт республикэ сабий клиникэ центрхэр, кардиологие сымаджэщыр. Абы къищынэмыщIауэ, а гъуэгур йокIуалIэ иужьрей илъэсхэм зыужьыныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэшхуэхэр къыщрахьэлIэ «Дубки», «Восточнэ» хьэблэхэм. Гъуэгу лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ социальнэ IуэхущIапIэхэм уекIуэлIэну тынш хъуащ, транспорт гъэувыпIэхэми къахэхъуащ.

Гъуэгум щIэуэ асфальт тралъхьащ, лъэс зекIуапIэр къагъэщIэрэщIэжащ, уэрамыр нэхъри къагъэнэхуащ, нэхъапэм электрокъарур пкъохэмкIэ кIуэуэ щытамэ, иджы, «Уафэ къабзэ» къэрал программэм хиубыдэу, кIапсэхэр щIы щIагъкIэ кIуэхэмкIэ зэрахъуэкIащ, иджыпсту гъуэгу зэпрыкIыпIэхэм дамыгъэхэр тращIэ, удзыпцIэу щытыну щIыпIэхэр къыхагъэкI.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: