Ныджэхэм я дыгъэ

Иджы хуэдэ бжьыхьэкIэм псыхъуэ лъэгухэм, мэзылъэ щIыпIэхэм фыщрихьэлIэнущ къазмакъым. IэфIри гуащIагъри щызэхэт а пхъэщхьэмыщхьэ гуакIуэм хущхъуэгъуэу хэмылъ къэгъуэтыгъуейщ. Псом хуэмыдэу ар сэбэпышхуэщ щыгъупщэх хъуахэмкIэ, артрит узым гугъу иригъэхьхэмкIэ. А пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэм и лIэужьыгъуэ куэдым ущрохьэлIэ Сыбыр щIыналъэми, сыту жыпIэмэ, ар къол щIыIэр градус 45- м щынэсми. Ди республикэр къэтщтэнщи, ар къыщымыкI щIыпIэ диIэкъым.

Къазмакъым нэхъ гугъуу хэлъыр и къыпычынырщ. Абы тезу тет гуанэ цIыкIухэм тыншу урагъэIусэркъым, ауэ, абы щхьэкIи къамыгъанэу, зырызыххэу къыпач е мащIэу щхьэкIэр ягъэсысри уэру къыпылъэлъар къащып - тIум щыгъуэми а гугъуехьхэр покIуэж абы и сэбэпынагъым.

Къазмакъыр, цIыкIущ жумыIэмэ, и теплъэкIи, и плъыфэкIи апельсиным ещхьщ икIи, гъэщIэгъуэныракъэ, а «Китай мыIэрысэм» (апельсин жиIэмэ, нэмыцэбзэкIэ къикIыр аращ, япэу ар къыщагъэкIар КъуэкIыпIэ Жыжьэр зэрыарар къигъэлъагъуэу) хущхъуэгъуэу хэлъ псомкIи мыдрейри къулейщ: токоферол, сахарид, пектин, сахарид, филохинон урсулэ, тритерпен кислотахэр, В-ситостерон. Иужьрейм склероз узым ущехъумэ. Аращ псом хуэмыдэу ныбжь зиIэхэм яшхын щIыхуейр. Апхуэдэу абы хэлъ аскорбин кислотам лъы щIэжыр къызэтрегъэувыIэ шхыныр егъэткIу, лъынтхуэхэр егъэбыдэ, щIыIэ, гу, шхалъэ, нэ, псантхуэ узхэм, жьэ кIуэцI къихуахэм, лъыдэуейм я хущхъуэщ, пкъыгъуэ зэранхэм Iэпкълъэпкъыр щехъумэ, фэр, щхьэцыр дахэ ещI, гукъыдэжыр къеIэт. Къазмакъыр, утемышыныхьу махуэ къэс пшхы хъунущ, ауэ щыхъукIэ, щIымахуэм щытынур зэрагъэхьэзыр Iэмалу пщIы бжыгъэхэр щыIэщ. Ижь-ижьыж зэманми цIыхур щыгъуазэт къазмакъым и сэбэпынагъым.

«ГъавэхэкIхэм я фIагъыр къэзыпщытэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и щIэныгъэлIхэм чэнджэщ къыват, пыхусыхум, щIыIэ узхэм я къэхъеигъуэ иджы хуэдэ зэманым къазмакъым гулъытэ лей ефтыну, ар къызыпыкIэ жыгхэри фхъумэну.

Жэмтхьэлэ, Зэрэгъыж, Псыгуэнсу, Шэрэдж псыхъуэхэм къазмакъыр щобагъуэ псыр къыщимыу зэманым, уеблэмэ ныджэм щыплъагъунущ къазмакъ жыгхэм фIэкIа зытемыт «хытIыгу цIыкIу» къэунэхуахэр, мэл-бжэнхэми яфIэфIыпсу абдеж щыхъуакIуэу. Апхуэдэу илъэситI-щы дэкIынкIэ мэхъу. А лъэхъэнэ кIэщIым ахэр къэкIыу икIи къыпыкIэжыну хунос. Псым и зэ къиугъуэм а жыг къуацэ дахэхэр ирех, зэгуэр итауи къыпхуэмыщIэжыну. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым аргуэру къызэщIэроуэж, псы Iуфэхэр ягъэдахэу.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: