Шыхэр, хьэхэр, нэгъуэщIхэри…

 Япэ дунейпсо зауэр щытащ цIыхур къызэрыунэхурэ и нэгу щIэкIахэм ящыщу нэхъ шынагъуэ дыдэу. Апхуэдэу абы бжьыпэр иIыгът хьэкIэкхъуэкIагъэ и лъэныкъуэкIи. ЗэпэщIэтхэм къагъэсэбэпырт сыт хуэдэ Iэмал бзаджэри. Химие Iэщэр япэ дыдэу щагъэунэхуари аращ. ЗауэлIхэм я закъуэтэкъым мафIэ лыгъэм хэтыр.  Абыхэм ящIыгъут псэущхьэхэри. Уегупсысмэ, абыхэм а зауэм къалэнышхуэ щагъэзэщIащ къыпхуэмылъытэным хуэдизу - цIыху минхэр кърагъэлащ, техникэр зыпэмылъэщынум  еувэлIащ, я гъащIи еблэжакъым пщэрылъ щащIахэр зэфIагъэкIын папщIэ.

Дауи, псом нэхърэ нэхъ гугъуехь нэхъыбэ зылъысар шыхэрщ. Абыхэм ягъэхъахэм дэ тхылъхэмкIэ дыщыгъуазэщи, иджыпсту я гугъу тщIынкъым. ЖытIэн къудейщ, Япэ дунейпсо зауэм псори зэхэту шы мелуани 8 хуэдиз зэрыхэкIуэдар.

АрщхьэкIэ абыхэм я закъуэкъым къыхэжаныкIар. Апхуэдэ дыдэу зауэлIхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъурт хьэхэри. А псэущхьэ бэшэчхэм икIи мышынэхэм уIэгъэхэу зэуапIэхэм къыIуахар зыхуэдизыр къызэрыпхуэбжыфынур минхэмкIэщ. Абыхэм зэрахьа лIыгъэр апхуэдизкIэ инти, ящыщ зыбжанэр орденхэмрэ медалхэмкIэ ягъэпэжащ. Хэбгъэзыхьмэ, зауэлI къулыкъукIэ драгъэкIуеяхэри  яхэтщ.

ГъэщIэгъуэнщ, арщхьэкIэ зэпэщIэувахэр текIуэныгъэм апхуэдизкIэ хущIэкъурти, нэгъуэщI  псэущхьэхэри къагъэсэбэпащ. Уеблэмэ, шыдхэми махъшэхэми ящIэн ягъуэтащ. Джимми-Сержант зыфIаща шыдым езыр зей  Симпсон Джон и гъусэу тхьэмахуэ зэхуакуитIым къриубыдэу зауэлI 300-м щIигъу кърагъэлауэ ятхыж.

Тыркур зауэм хэзыгъэкIа Галлиполий зэхэуэм иужькIэ Iуэхум хыхьащ махъшэхэр. Абыхэм къалэнышхуэ ягъэзэщIащ Уэсмэн империем и дзэхэм ящыщу къэнахэм япэщIэтхэр ерыскъырэ шэхэмрэ ялъэгъэIэсын папщIэ.

Япэ дунейпсо зауэм хэтахэм я гугъу щытщIкIэ, тхьэрыкъуэхэри къэдгъанэ хъунукъым. Ахэр шэхэми кхъухьлъатэхэми ящышынэртэкъым.  Абыхэм ящыщ зым 1918 гъэм и жэпуэгъуэм къригъэлауэ щытащ цIыхуи 194-рэ: ахэр зыхэта батальоныр бийм къызэриухъуреихьам икIи дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэмкIэ штабым хъыбар нигъэсащ, шэ фийхэм япхрыкIри. Тхьэрыкъуэ хахуэм миль 25-р дакъикъэ 25-м зэпичри, здагъакIуэ щIыпIэм нэсащ. Ауэ езыри  уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. Псэущхьэ лIыхъужьыр дохутырхэм ягъэхъужащ. Ар ягъэпэжащ США-мрэ Франджымрэ я къэрал дамыгъэхэмкIэ.

Дауи, дэ зи гугъу тщIа псэущхьэ дахэхэр къызыхуигъэщIар зауэркъым, арщхьэкIэ языныкъуэхэм и деж цIыхухэм езыхэм  зэкIэлъызэрахьэ гущIэгъуншагъэр абыхэми  ялъоIэс.

                                                       Махъшокъуэ Мухьэмэд.

Поделиться:

Читать также: