ЩIыуэпс хъыбархэр

  • КIэрыхубжьэрыхухэм теухуауэ, Арктикэм хабзэншагъэ къыщокIуэкI. А щIыпIэм и процент 15-р апхуэдизкIэ яуцIэпIащи, яхуэмыгъэзэкIуэжыным хуэдизу щIыуэпсым егуэуащ. Зэран хъум и зэхуэдитIыр къызыпкърыкIыр Норильск агломерациеращ, адрейр Сыбыр КъухьэпIэм гъэсыныпхъэ къыщыщIэзых IуэхущIапIэхэращ. Мы Iуэхум теухуауэ судым иск бжыгъэншэхэр щIэлъщ, цIыху 840-м жэуап яхьыну суд пащхьэ ирашащ. Арктикэм щIыуэпс гъэщIэгъуэн иIэщ, гъэсыныпхъэшхуэ щызэхуэхьэсащ, ауэ ахэр къыщIэпхыну, улъэIэсыну  гугъущ. А щIыпIэм щIыIэр зэрытепщэм къыхэкIыу, кIэрыхубжьэрыхухэр щыпхъумэну, щызэхуэпхьэсыну къезэгъкъым. Сыту жыпIэмэ, температурэ лъахъшэм кIэрыхубжьэрыхухэр зэпкъырымыхуу, щIым  хэмыкIуэдэжу нэхъыбэрэ щегъэлъ, щIыуэпсыр пэлъэщкъыми, нэхъыбэ щызэхуахьэсыху, бгъэкъэбзэжыну нэхъ гугъу хъунущ. Арктикэм и къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ абы текIуэдэжынущ.
  • Радиацэшхуэ къызыпкъырыкI Фукусимэ и мэзхэм электрокъару къыхахыну нэмыцэхэм я мурадщ. Японием и унафэщIхэм  Entrade Energiesysteme AG нэмыцэ компанием зыхуагъэзащ апхуэдэ мурадкIэ. ЗэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIакIэщ, 2027 гъэм ирихьэлIэу Iэмэпсымэхэр  Фукусимэ и префектурэм щагъэувынущ икIи ар Дыгъэм и къарукIэ лажьэ батареехэм я пIэ иувэнущ. КъызэралъытэмкIэ, Фукусимэ и АЭС-м къыщыхъуа насыпыншагъэм текIуэда щIыуэпсыр 2040 гъэм ирихьэлIэу ягъэкъэбзэжынущ, уеблэмэ цIыхухэм щIыпIэ ябгынахэм ягъэзэжыфынущ.
  • ЩIэныгъэлIхэм: «ЩIым псэущхьэ куэд текIуэдыкIыжынущ». ЦIыхум и зыужьыгъуэм зэран къыдэкIуэу щIидзамэ, языныкъуэ псэущхьэхэр мэкIуэдыж, цIыху гъащIэ куэди хокIуадэ. Тхыдэм уриплъэжмэ, апхуэдэ «дуней къутэжыгъуэу» 5 щыIащ. Еханэр къэблэгъауэ жаIэ. Мы зи чэзур адрейхэм къащхьэщыкIынущ и гуащIагъкIэ, и псынщIагъкIэ. Стэнфорд университетым и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, дуней къутэжыгъуэр къэкIуэну зэманым къызэдихьыну нэщIэбжьэ, насыпыншагъэ гуэруракъым, атIэ цIыхур щIыуэпсым зэран зэрыхуэхъум и Iэжьу, куэд щIауэ къежьа Iуэхууращ. Псалъэм папщIэ, цIыхум Дунейпсо тенджызыр кIэрыхубжьэрыхукIэ икудащ, абы псы псэущхьэхэр токIуадэ, хьэкIэкхъуэкIэхэр еукI, экосистемэр екъутэ. Абы и Iэужьыр мыгувэу тлъагъунущ. ЩIэныгъэлIхэм апхуэдэуи къыхагъэщ, «дуней къутэжыгъуэм» зэран узэрыхуэхъуфынур. Абы папщIэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ псэущхьэхэр щахъумэ, щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр къызэIуахыпхъэщ.
  • Пластмассэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр   Франджым афIэкIа къыщыдагъэкIыжынукъым. ЩIэныгъэм къызэрихутащи, пластмассэм къыхэщIыкIа птулъкIэхэр, тепщэчхэр, гуахъуэхэр щIым хэмыкIуэдыхьыжу илъэси 100-кIэ щIэлъыфынущ. Абы къищынэмыщIауэ, зэ закъуэ къэгъэсэбэпыпхъэуращ. Ар ямыщIэу, цIыхухэм зы тепщэчым, псалъэ папщIэ, махуэ бжыгъэкIэ ишхыкIыфынущ, ятхьэщIыжурэ. Ауэ абыхэм къагурыIуэркъым, пластмасс хьэкъущыкъум щхъухь къызэрыпкърыкIыр. Аращи, абыхэм я зэран цIыхуми щIыуэпсми йокI. Франджыхэм я гугъэщ пластмасс хьэкъущыкъухэмрэ пакетхэр ягъэкIуэдыжу, щIым псынщIэу хэкIуэдэж, зэранышхуи къызэпкърымыкI гуэр къагупсысыну.  

 

Поделиться:

Читать также: