Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ

Адыгэхэм я нэхъыбэр хэкум щрахум я щэнхабзэм хуабжьу зихъуэжами, я лъахэр ягу ихуакъым. Пэжщ, адыгэ куэди якIэлъыкIуащ япэ ирахуахэм, зы гупи икIащ, гъащIэ нэхъыфI къагъуэтын я гугъэу. Дауэ мыхъуами, IэмалыншагъэкIэщ псоми Хэкур къызэрабгынар: бэлыхьымрэ лъыгъажэмрэ я щхьэр щIрагъэхьат, я гур ираудати, теувахэщ гъуэгу бзаджэм. Абы къащыпэплъамрэ хэхэс хъуа лъэпкъым и щьэм кърикIуамрэ теухуауэ гъэщIэгъуэнщ Дыгъужь ФуIэд и гупсысэхэр: «Псори Хэкум ирахуауэ жыпIэ хъунущ, ипэжыпIэкIи аращ зэрыщытыр: гугъапIэ гуэр къызыхуэмынэжахэм хэкIыпIэу къагъуэтар хамэщI Iэпхъуэнырщ. ИстамбылакIуэр лъапсэ ичыжт. Адыгэм я нэхъыбапIэр зауэмрэ хэку икIыжымрэ ихьащ. Здынэса щIыпIэми Iэджэ щызэтелIащ, зауэхэм яхуурэ куэд къыщрагъэукIащ. Хэкум къинахэм я щхьэ кърикIуари нэхъыфIкъым.
КIэщIу жыпIэмэ, зауэм зэрихьар – зы, хэкум зэрикIар – тIу, икIари къинари бэлыхь зэрыхэхуар – щы: бэлыхьлажьэр щащIэу адыгэ лъэпкъ псоми къытепсыхащ.
Щэнхабзэм ехьэлIауэ лъэныкъуитIми – икIами къинами – я гъуэгур зэхэкIащ, ауэ тIури зэхуэдэу хэхэсу къэнащ. Япэр – зыхыхьа лъэпкъыр къекуэдэкIыу, мыдрейри – къахыхьам емэщIэкIыу емынэлейр къатехьащ. ИкIахэми зыхыхьам я шыфэлIыфэр кърагъэщтащ, я гъуэгум трашащ, нахуэуи щэхууи, яхуэхъу-яхуэмыхъуми. Къинахэми къахыхьам я сэфэтыр къыщакъузащ. (ЛъэпкъитI зэхыхьэмэ, е зэгъунэгъумэ, е зызэпащIэмэ, хабзэ зэрызэIэпах Iуэхугъуэхэм щымыщу мыр нэгъуэщIщ). Арати, адыгэм я хабзэри, я хьэлри, я щэнхабзэри, уеблэмэ я бзэри зэщхьэщыкIащ, жыжьэкIэ зы лъабжьэм екIуэлIэж пэтми, къудамэхэр зэмылIэужьыгъуэу къыдэжащ. Ауэ а псор Iуэху щхьэхуэщ, дэ зэкIэ зи гугъу тщIынур ИстамбылакIуэм и щэнхабзэм адыгэ лъэпкъым, адыгэ хэкум, адыгагъэм ятеухуауэ къызэщIиубыдэращ.
ГъэщIэгъуэн хъунт икIи пщIэшхуэ иIэнт, адыгэ хэкум икIамрэ къинамрэ ягу зэхуэблэу, зыр зым егупсысу, пэджэжу ятха, яусахэр зэхуэхьэсарэ тхылъ щхьэхуэу къыдагъэкIатэмэ. Ар хьэлэмэту, гугъэхъейуэ икIи къыхуеджэныгъэу къыщIидзыжынут, ауэ апхуэдэ Iуэхум елэжь зэкIэ щыIэкъым. 
ИстамбылакIуэм (е хэкум ирахуахэм) я щэнхабзэм гуэшыгъуищ зэпичащ. Япэр адыгэхэм здраха щэнхабзэм фIэкI ямыщIэу, яфIэкIуэда хэкур ягу къыщIитхърэ я щэнхабзэр зыхалъхьэ щымыIэу зэрыщытахэрщ, ноби зэрыщытхэрщ. Лъыгъажэмрэ мафIэсымрэ къела гупыр здэкIуами тыншыгъуэ щыщамыгъуэтым, нэхъ зэрыубыдащ, я лъэпкъымрэ я хэкумрэ я дежкIэ ягукIи я гупсысэкIи нэхъ зыкъагъэзащ. Бзэри, хабзэри, фащэри, къафэри, н. къ. зэрахулъэкIкIэ зэрахьащ, яхъумащ, тхыгъэкIэ мыерыщами, жьэрыIуатэкIэ ирагъэкIуэкIащ. ЕтIуанэ гуэшыгъуэр адыгэхэм зыхэс лъэпкъхэм я бзэ, я щэнхабзэ, я щIэныгъэ жыхуэпIэнухэр щызрагъэщIарщ. Абы кърикIуаращ: адыгэ щэнхабзэр ехуэхыу щIидзэри, нэгъуэщIым яйм дихьэхыр нэхъыбэу къежьащ.
Зы лъэныкъуэкIэ – щыпэлъагъур щIэщыгъуэт, етIуанэу – я псэукIэ, къулыкъу зэгъэгъуэтын ехьэлIауэ абы хуэныкъуэхэт. КъинэмыщIауэ, а Iуэхугъуэхэм нэгъуэщI пэщIру (реакцэ) къитри, адыгэхэм цIыху зыбжанэ къахэлIыфIыхьащ адыгэ щэнхабзэм и пщIэр, и дахагъыр къагъэлъагъуэу, ар яхъумэу, ягъэлъапIэу, цIыхубэм ирагъащIэу. Абыхэм адыгэбзэкIэ тхэным зратри, япэщIыкIэ хьэрып тхыбзэкIэ, итIанэ – латин тхыкIэмкIэ усэхэр, къыхуеджэныгъэхэр, н. къ. ятхащ, тхылъ щхьэхуэхэр къыдагъэкIащ, зэщIэхъаехэр кърагъэжьащ, хасэ, зэхуэс хуэдэхэр къызэIуахащ, Iуэху убзыхуа, унэтIа гуэрхэр щэхууи нахуэуи къызэрагъэпэщащ.
Тхылъ ятхахэм, газет къыдагъэкIахэм (Тыркум – «Гъуазэ», Щамым «Мардж» газетхэм хуэдэхэм) къытрадзэу щытахэм уеджэмэ, куэд хыболъагъуэ адыгагъэм, адыгэ хэкум, адыгэ лъэпкъым ехьэлIауэ. Псалъэм папщIэ, абыхэм мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм щатепсэлъыхьырт: «Даурэ дызэрыкIуэдыр дэ, адыгэхэр?», «Адыгэм ящIэн хуейр», «Ди лъэпкъыр зэрытхъумэну щIыкIэр», «Адыгэбзэр, хабзэр, щэнхабзэр зэрытIыгъынур, ахэр щIэблэм зэредгъэщIэну Iэмалхэр», «Дызэрыс хэкухэмрэ адыгэ хэкумрэ щызекIуэ псэукIэ, политикэ, дин идеологиехэм дазэрыхущытын хуеймрэ зэгъэкIукIэ иIэхэмрэ», «Дыщыпсэу хэкуми адыгэр дыщымыкIуэду, дифI зыхэлъхэри хэмыкIуадэу адыгэ хэкум ис адыгэхэм дапыщIауэ дыщытыфыным иIэ Iэмалхэр», «Адыгэ хэкум дымыгъэзэжмэ адыгэ лъэпкъыр зэрыкIуэдынур», нэгъуэщI куэди. Гу нэхъ зылъытапхъэр сыт щыгъуи «Адыгэ хэку» жаIэу къызэрыхагъэщырт, псалъэкIи тхыгъэкIи абы зэрытрагъэчыныхьырт. Бзэм тепсэлъыхьмэ, адыгэ хэкум щисам къыщыщIадзэри, адыгэ хэкум пыщIауэ щытын зэрыхуейр къыщIагъу, адыгэ хэкум гъэзэжын зэрыхуеймкIэ яухыж. Апхуэдэ дыдэущ, адыгэ Iуэху къыщаIэткIэ, хабзэми, тхыдэми, IуэрыIуатэми, адыгэшми, дамыгъэхэми, фащэми зэрытепсэлъыхьхэр. Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ. Адыгэхэм я Хэкур яфIэкIуэда хуэдэщ иджыпсту. ИкIахэр хэхэсрэ хамэу, къинахэм я Iуэхур мыхъуу къэнащ. Адыгэр лъэпкъыу щытынумэ, и Хэкум хуитыжын хуейщ. Хэкуншэ лъэпкъыр лъэпкъ нэскъым, лъэпкъ ныкъуэдыкъуэщ. Iэмалыншагъэм къыхэкIыу, дэнэ щымыIами, хулъэкIмэ, зихъумэжын хуейщ, и Хэкур игу иримыгъэкIыу. Абы зыпищIэу, и Iуэху зытет зригъащIэу, екIуэлIэжыным хущIэкъуу. 
ЩIэныгъэкIи, экономикэкIи, политикэкIи, жылагъуэ зэгухьэныхэмкIи зиузэдын хуейщ. Лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэнымрэ абы и къэкIуэнур егъэфIэкIуэнымрэ нэхъ Iуэхушхуэ щыIэкъым, – я нэхъ лъэпкъышхуэ, я нэхъ къэралышхуэ дыдэхэм я дежкIи.
А зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэм тэрэзу, зэрыщытын хуейм хуэдэу зэи къехъулIакъым. Абы щхьэусыгъуэ Iэджэ иIэщ, дэ а псори мызэкIэ къедбжэкIынкъым икIи датепсэлъыхьынкъым, ауэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьищ къэдгъэлъэгъуэнщ: лъэпкъым и мащIагъыр, щIэныгъэншагъэр, Iэмалыншагъэр.
Адрейуэ мыри къыжыIэпхъэу къыдолъытэ: адыгэ куэд лъэпкъ Iуэху зехуэным иужь итащ, зэрахузэфIэкIкIэ, ноби итхэщ. Япэрауэ, Хасэхэр къызэрагъэпэщащ, зэдэIэпыкъун, зэрыIыгъын, хабзэмрэ бзэмрэ хъумэн, щIэблэр егъэджэн, щэнхабзэр мыгъэкIуэдын, зегъэужьын – куэдщ абыхэм я IуэхущIафэхэр. Клуб гуэрхэри яухуащ, спортымрэ щэнхабзэмрэ тегъэпсыхьауэ.
Ауэ адыгэм зэи яIакъым парт. А псом дэщIыгъуу къыжытIэнщ мыри: хэкум къина адыгэхэм, сыт хуэдиз гугъуехь ямышэчами, сыт хуэдиз хьэзаб хэмытами, нэхъ фIыгъуэ дыдэу лъэпкъым диIэр – Адыгэ хэкур – яхъумащ. Хэкур адыгэ ису зэрыщагъэтам, лъэпкъыр адыгэншэу къызэрамыгъэнам папщIэ фIыщIэ ин яхуэфащэщ. ИкIэм-икIэжым, япэ дыдэу къэунэхуа Дунейпсо Адыгэ Хасэри нэгъуэщI IуэхуфIхэри хэкум къыщежьэныр зи фIыщIэр хэкум исхэращ. КъыщинэмыщIауэ, адыгэ тхыдэми щэнхабзэми и нэхъыбапIэмрэ фIыпIэмрэ щыугъуеижа хъуари хэкуращ, зи фIыгъэри абы къинахэращ. Адыгэм яхэтащ, иджыри яхэтщ я лъэпкъым хуэпэж, хуэщыпкъэ, и фIэщу хуэлажьэ, хуэпсэу, хуэлIэж, жэрдэм хуэзыщIэ, я псэхэр щIэзытыну хьэзыр куэд. Ди лъэпкъ мащIэм и насып Тхьэм тригъакIуэ!». 
 

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться: