Календарь событий

06 мая 2024

ПэIущIэм нэсахэщ

Налшык дащIыхь поликлиникэ ехьэжьахэм ящыщ, Хъураным и цIэр зезыхьэ уэрамым щаухуэм и IуплъапIэм и лъабжьэм къыщыщIэдзауэ и щхьэм нэсыху мы махуэхэм кIэралъхьащ плиткэ гъуэжь дахэхэр. Унэ къуапитI зыкъэзыгъэшхэм зэкIэ еIусакъым, ахэр нэгъуэщI плъыфэу щытынри хэлъщ. Абы къыдэкIуэу, щIыхьэпIэ нэхъыщхьэр IуащIыхьри, пкъо дахэхэр абы ихъуреягъкIэ екIуэкIыу щIагъэувэжащ. Абыхэм сыткIи яхэзэгъащ унэ къуапэхэм кIэралъхьа лэдэх хужьыбзэхэри.

Пшадэрэ Пщыщэрэ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КIуэкIуэ Жэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылъым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
 Пшъадэ (Пшадэ, Пшад)
Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Геленджик (Хъулъыжъый-ХъупIэжьей, ХьэфIыцIей) къалэ цIыкIум къедза Iэгъуэблагъэм щежэх псыхэм я нэхъ инщ километр 35-м щIигъу зи кIыхьагъ Пшадэ. 

ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!

4-нэ Iыхьэ
- СыкIуэнщ, умыгузавэ апхуэдизу. Шей тIэкIу пхуэсщIын? 
- Тхьэ здэнтэм. Нобэрей махуэм зы дзакъэгъуэ си джий ехакъым…
ЦIыхубзым шей Iув къыхузэхызощIэ, IэщIызогъэувэри, Пэрыс зыщIэлъ пэшымкIэ соунэтI. СыукIытэрт икIи сышынэрт и нэкIум сиплъэну. Бжэм хуэму сыбгъэдыхьэри, сытеуIащ. 
- КъыщIыхьэ, Данизэ.
Щхьэцэ щыжимыIакIэ, гукъыдэжышхуэ иIэ къыщIэкIынкъым. Бжэр Iузохри, сыгузэвапэурэ, сыщIохьэ. ЗанщIэу къысхуигъэлъэгъуа шэнтым сытотIысхьэри, си Iэ кIэзызхэр згъэпщкIун си гугъэу, си куэщIым изоубыдэ. 

ЦIыхум зезыгъэузэщI

Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэху дахэ щрагъэжьащ, «Шахматы для СВОих» фIэщыгъэр иIэу. Ар зи жэрдэмыр «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм хэтахэм къызэрагъэпэща «Шахматы» клубырщ.
Ар ягъэзэщIэнущ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и штабхэм къыщызэIуаха «Карякин Сергей и шахмат клубхэр» Iуэхум хыхьэу.

Тхум щыщу тIум

Урысейм спорт зауэ зэмылIэужьыгъуэмкIэ (ММА) пэшэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Чебоксары къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 55-м я щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту ныбжьыщIэ 400-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту абы цIыхуитху щыIащ икIи абыхэм ящыщу тIум медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щытекIуащ Мансуров Имран. Ар щызэуар илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэр зыхэта гупырщ. ЩIалэм и тренерхэщ Мэш Алимрэ Шыхъуэстэн Русланрэ. 

Сом меларди 3,3-рэ хухах

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ. ЩIыналъэм и Соцфондым а Iуэхугъуэхэм сом меларди 3,3-рэ яхухихащ. 

Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрмокъуэ Мухьэмэд ди республикэм и радиом адыгэбзэмкIэ и редакцэм и редактор нэхъыщхьэу  илъэс 14-кIэ щылэжьащ.

Спорт хъыбархэр

ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
«Демография» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэр ягъэлъапIэу, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №11-м и ФОК-м атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

Илъэсих лэжьыгъэм пащэ

Гъатхэр мэзхэм я щытыкIэмрэ абыхэм мафIэсхэр къыщымыгъэхъунымрэ щыкIэлъыплъ зэманщ, ауэ щыхъукIэ мы гъэм хуабэр пасэу къэкIуащ. ЩытыкIэм кIэлъыплъ мэзхъумэхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щIыпIэхэр къызэхакIухь. Псом хуэмыдэу хуабэм и Iэужьыр нэхъ щынэрылъагъущ тафэм тес Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм. 20I8 гъэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэр и кIэм нэсыху ягъэзэщIэну «ЩIыуэпс» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу инспекторхэм иджыпсту жыг къэс я щытыкIэр къапщытэ, пасэу щIадзэри жьы дыдэ хъуа жыгхэр ирахащ, иджыпсту щыщIэдзауэ абыхэм я пIэкIэ жыгыщIэ цIыкIухэр хасэ. 

НОБЭ

Накъыгъэм и 6, блыщхьэ
Москва и гербымрэ и ныпымрэ я махуэщ
1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан.
1936 гъэм къалъхуащ адыгей философ, еджагъэшхуэ, тхакIуэ, социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч.

ЛIыгъэр зыгъэунэхуар

(Нарт тхыдэжь)