Илъэсих лэжьыгъэм пащэ

Гъатхэр мэзхэм я щытыкIэмрэ абыхэм мафIэсхэр къыщымыгъэхъунымрэ щыкIэлъыплъ зэманщ, ауэ щыхъукIэ мы гъэм хуабэр пасэу къэкIуащ. ЩытыкIэм кIэлъыплъ мэзхъумэхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щIыпIэхэр къызэхакIухь. Псом хуэмыдэу хуабэм и Iэужьыр нэхъ щынэрылъагъущ тафэм тес Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм. 20I8 гъэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэр и кIэм нэсыху ягъэзэщIэну «ЩIыуэпс» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу инспекторхэм иджыпсту жыг къэс я щытыкIэр къапщытэ, пасэу щIадзэри жьы дыдэ хъуа жыгхэр ирахащ, иджыпсту щыщIэдзауэ абыхэм я пIэкIэ жыгыщIэ цIыкIухэр хасэ. 
Жыг лIэужьыгъуэхэмрэ ахэр къыщыкI щIыпIэхэм я щытыкIэмрэ елъытауэ, мэз IуэхущIапIэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэми иджырей мардэхэм тету захъуэжащ. Къапщтэмэ, уэздыгъеймрэ псеймрэ щыкуэд щIыпIэхэм мафIэ кIапэ нэбгъэсынкIэ Iэмал иIэкъым: эфир дагъэмкIэ къулей жыгхэр напIэзыпIэм дрилыпщIеинущ, къэптIыхьынри гугъущ, нэхъыбэр зэрымывалъэм къыхэкIыу. Аращ апхуэдэ щIыпIэхэр кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэм гъэ псом щIыщIэтыр.
Дэтхэнэ зы щIыналъэми мэзхэм щыхуосакъ. ЗыщIыпIэ и деж ар зытезыIыгъэ къуэпсыр къыщытIасхъэмэ, зэфIэбгъэувэжыну гугъу хъунущ. Псалъэм папщIэ, псейр зы илъэсым хуэзэу сантиметритI къудейщ зэрыхэхъуэр. Ауэ щыхъукIэ, и лъабжьэр цIыкIущ, жьы борэным щыпэщIэтыфыр зэзэмызэххэу. Мыпхуэдэ мэзхэр щынэхъыбэр Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж щIыналъэхэрщ. Аруан, Лэскэн районхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм бжейхэр, кIейхэр, тхуейхэр щынэхъыбэщ, мейхэми мэзкхъужьейхэми уащрохьэлIэ. Япэ зэманхэм цIыхухэр мэзым лъэныкъуэ куэдкIэ пыщIат. Абы къыщIашырт пхъэ гъэсыныр, къищынэмыщIауэ, гъаблэ зэманхэм цIыхур зыкъуэсар а мэз дыдэхэрщ. Зэманым зихъуэжащ, нобэ мэзымрэ цIыхухэмрэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэ куу я кум дэлъыжу щыткъым. аращи, мэзхэр хъумэным пыщIэ къалэн псори зи фэм дэхуэр мэз IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэрщ.
Дауэ мыхъуми, щIыуэпсым и къежьапIэ мэзхэм хуащI гулъытэм къыхэхъуэжу хуежьащ. АбыкIэ мыхьэнэ ин иIэщ «ЩIыуэпс» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным жыджэру хэт волонтёрхэми. Ахэр Урысейм и языныкъуэ щIыналъэхэм къыщыунэхуауэ IэужьыфIэу щолажьэ. Абыхэм я нэIэм щIэтщ цIыхум, дуней къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ сэкъат зыгъуэта мэзылъэхэр. «ЩIыуэпс» пэхуэщIэм ипкъ иту жыгхэр мащIэ щыхъуа щIыпIэхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Волонтёрхэр ноби кIэлъоплъ а жыгыщIэхэм я щытыкIэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэр къапщтэмэ, иджыпсту абыхэм нэхъ мащIэ щыхъуащ мэзкхъужьейхэр, бжейхэм ущрихьэлIэжыххэртэкъым. Ди гуапэ зэрыхъунщи, «Мэзхэр дывгъэхъумэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щыхасэжыну къагъэлъэгъуа жыг лIэужьыгъуэхэм яхэтщ бжейхэри. Ныбжь зиIэхэм нэхъ ящIэжынущ ди республикэм и къуршылъэхэм пэмыжыжьэу, лъагэрэ джафэ хъужауэ бжей фIэкIа зэрымыт мэз лъэщIэху дахащэхэм ущрихьэлIэу зэрыщытар. Иджыпстуи абыхэм ущрихьэлIэнущ шэрэдж щIыналъэм и мэзхэм. Нэхъ ищхъэрэIуэкIэ итахэр дэкIуащ илъэс куэд и пэкIэ гъавэщIапIэхэм къыхагъахъуэу щыщыта зэманхэм. Дауэ мыхъуми, мэзхэр ди щIыпIэхэм щымащIэкъым.
Мэз волонтёрхэм ятеухуауэ жыпIэнурамэ, ди щIыналъэмкIэ ар щIэуэ къэунэхуа гуэру щыткъым. Урысейм ар къыщыунэхуным иджыри куэд иIэт, псапащIэ IуэхухэмкIэ илъэс куэд хъуауэ лэжьыгъэшхуэ къезыхьэлIэ ди щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэм я жэрдэмкIэ Налшык къалэ и щIыпIэ щхьэхуэхэм пхъэхуей, жыгей, блашэ жыгыщIэхэр щыхасэм щыгъуэ. Къапщтэмэ, а зэманым хаса жыг зыбжанэм Печатым и унэм и щIыбагъ лъэс зекIуапIэр, Дэшхуей хадэр ягъэдахэ. Абыхэм заужьыну хунэсащ, уеблэмэ языныкъуэ пхъэгулъейхэмрэ къыпцIейхэмрэ зэщIэгъэгъауэ иджыпсту итщ.
ЩIыуэпсымрэ сэкъат зыгъуэта мэзылъэ щIыпIэхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ Урысейм щагъэзащIэ къэрал проектхэм хиубыдэу Налшык псым и Iуфэм екIуэкIыу гъэ кIуам щыхасауэ щытащ лIэужьыгъуэ куэду зэхэт жыг гуэрэн. Абыхэм яхэтт япэу ди щIыпIэм къихьэхэри, ауэ ахэри ди щIыуэпс щытыкIэм езэгъащ. Жыгхэм хъарзынэу зрачауэ мэкI, къапыкIа къудамэщIэ цIыкIухэм тхьэмпэхэр къапидзэну хунэсащ.
Апхуэдэ щытыкIэм итщ Къэрэшеймрэ Хъуранымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм хуэзэ удзыпцIэ екIуэкIым щысаха къыпцIей хуейри. Сатыритхуу зэбгъурыту хаса жыгыщIэ цIыкIухэм я щхьэкIэхэр къыхэмыщу нэгъабэ лъандэрэ мэгъагъэ. Абыхэм, дауи, мафIэс къыщыхъункIэ шынагъуэ щыIэ хуэдэкъым, ауэ, а щIыпIэхэр цIыху кIуапIэу зэрыщытым къыхэкIыу, щIыуэпсым и кIэлъыплъакIуэхэм абыхэми я нэIэ тетщ. ЩIыпIэхэр зэщIэгъэкъэбзэным хухаха мазитI лэжьыгъэм ипкъ иту мэз лъапэхэми, мэзкусэхэми нос щэбэт щIыхьэхухэм хэтхэр. Нэгъабэ иджы хуэдэ зэманым, Iуащхьэмахуэ лъапэ къекIуэлIа зыгъэпсэхуакIуэхэри хэту, ирагъэкIуэкIауэ щытащ апхуэдэ Iуэху щхьэпэ икIи абыхэм яхузэфIэкIащ километр зыбжанэ зэщIагъэкъэбзэну. Апхуэдэ Iуэхухэм я фIыгъэкIэ мафIэс къызыдэкIуэнкIэ хъуну пкъыгъуэхэр зэщIакъуэри даш, мэзхэри хъума мэхъу. 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: