Дыхуей дэ апхуэдэ хуитыныгъэ?

 Иджыблагъэ жылагъуэм и Iуэху еплъыкIэхэр къэзыхутэ IэщIагъэлIхэр хущIэкъуащ цензурэм  цIыхухэр зэрыхущытыр зрагъэщIэну. ЗэупщIахэм я Iыхьэ щанэм  къалъытэ ар щыIэххэн хуэмейуэ. Ауэ цIыхухэм я деж нагъэс хъыбархэм мардэхэр хуагъэувыным и телъхьэхэр процент 63-м нызэрыхьэсащ. БлэкIа илъэс 15-м абыхэм я бжыгъэм хэхъуащ (2008 гъэм зэрыхъуу щытар процент 58-рэщ). Абы къигъэлъэгъуащ 1993 гъэм референдумкIэ къащта Урысей Конституцэм и 29-нэ статьям  цIыхухэр  зэрыхущытыр. Абы итщ: «Дэтхэнэри хуитщ пэрыуэншэу хабзэм езэгъ сыт хуэдэ  IэмалкIи хъыбархэр къилъыхъуэну, зыIэригъэхьэну, итыну, игъэхьэзырыну, зэбгрыригъэхыну».

 Абы щыгъуэм ар ди лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм  яхэдгъэхьат. АрщхьэкIэ зэманым къигъэлъэгъуащ мы IэнатIэр кIэрыутIыпщ пщIы зэрымыхъунур. «ЕмылъэIу щIыхьэхухэр» бэгъуащ. Мы зэманым цIыхум и щхьэр егъэуназэ къыIэрыхьэ хъыбархэм я куэдагъым. Ахэр икIи апхуэдизу зэпэщIоуэри, архъуанэм хуэдэу щIеуфэ, языныкъуэхэм деж къыхэкIыжын  папщIэ зэпхъуэни къахуэгъуэтыжыркъым.

Дэ, нэхъыжьхэр, фIыуэ дыщыгъуазэщ СССР-м и лъэхъэнэм щыIа щытыкIэм. Абы хъыбархэр ткIийуэ щызэхадз хъунрэ «мыхъункIэ». Иужьрйхэм газет кIапэхэм уащрихьэлIэнутэкъым абыхэм нэхъ пэж щымыIэми- коммунист гупсысэхэм (аращ  езы «идеологие» хъужыр),езэгъыртэкъым, апхуэдэу щыщыткIи, хьэрэмт. Ди деж псори щыхъарзынэт, щалэжь псори тэмэмт, дэ сыт и лъэныкъуэкIи псоми япэ дитт. Парт унафэр узытекI мыхъунт, къэмылэнджэжт. Зэман дэкIрэ. ар  зэрыщыуагъэр сэтей къэхъуми, мыхьэнэшхуэ иратыртэкъым. ЖыIэн хуейщ зы лъэныкъуэкIэ ар цIыхухэр зэщIэгъэуIуэным, къэралыр зыуэ щытыным щIагъэкъуэн хуэхъуу зэрыщытар. АрщхьэкIэ, нахуэу жамыIэфми, жылагъуэр арэзытэкъым пэжыр зэрыпаубыдымкIэ. Сыт щыгъуи зэупщIыжырт сыт тлъагъур щIэдуфэн щIыхуейр?

Аращ Урысейм и Конституцэм зи гугъу тщIы и 29-нэ статьям  къыщыхьа «Цензурэр ядэркъым» псалъэхэр цIыхухэм я гум дыхьауэ щIыщытар. Жьы къабзэкIэ бэуэжым хуэдэт…

АрщхьэкIэ «уи гупсысэр хуиту къэпIуэтынымкIэ Iэмалыр» цIыхухэм къазэрыгурыIуэр зэрызэщхьэщыкIыр щIэх дыдэ наIуэ къэхъуащ. Утыку къихьэу хуежьащ ижь-ижыжь лъандэрэ къыддекIуэкI ди лъапIэныгъэхэр хэзыутэхэр, Iэзэгъуазэхэр, "уэшх зыщэхэр", хьэжьвакъэжьышххэр, сондэджэрхэр, н.къ. Нэмысыр хэпщIыкIыу къэлъэхъшащ. Зэтрагъэува гъэсэныгъэр, унагъуэр, адэ-анэр, абыхэм зэрахущытын хуейр хьэрыкъуакIэ дахуэжащ. ГурыIуэгъуэщ: псори жыпIэ  щыхъукIэ, псори пщIэ мэхъу.

Ди къэралыр зэрыува щытыкIэр я гуапэу къагъэсэбэпащ сыт щыгъуи ди жэгъуэгъуу къэгъуэгурыкIуэ КъухьэпIэм. Иджы ар гъунэгъу хуэхъуат зылъэмыIэсыф хъуапсапIэм:и экономикэр лъэрымыхь ищIкIэрэ икIи щыпсэу лъэпкъхэр зэщигъэхьэкIэрэ Урысейр хигъэкIуэдэжыным.

 ГъэщIэгъуэнщ, ауэ мардэ зиIэ цензурэ гуэр щыIэн зэрыхуейм япэу гу лъызытар жылагъуэм щыщу нэхъ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэрщ. Абыхэм я процент 60-м щIигъур и телъхьэщ хъыбар къаIэрыхьэнымкIэ икIи зэбгрырагъэхынымкIэ яIэ хуитыныгъэхэр жыпхъэ  пыухыкIахэм игъэувэным хуейуэ. Нэхъ щIэныгъэншэхэр абыкIэ арэзыкъым, Интернетыр къэзыгъэсэбэпхэм ядэркъым. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: хъыбархэр  фейдэшхуэ къызыпах 1уэхум хуэкIуащ. Дауи, ахэр зэдыщIэкIыу псори бгъэкъуэншэну къемызэгъщ, ауэ мымащIэу яхэтщ ахъшэ къэлэжьын фIэкIа нэгъуэщI къалэн зыхуэзымыгъэувыжхэри.

Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм дызыхуишэр дэ ди нэгу щIэкIащ. иджыри долъагъу. Зэгуэр лъэпощхьэпо яхуэхъуу щыта худсоветхэр зэхуащIыжа иужь, композитор, усакIуэ акъылыфIэхэр IуагъэкIуэтри, утыку къихьащ пкъыи зыщIэмыт гупсыси зыщIэмылъ уэрэд псэншэхэр зыусхэр. «Зы махуэм тещIыхьащи», абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр псынщIэу мэкIуэдыж, арщхьэкIэ я пIэхэм апхуэдэ дыдэхэр  къоувэ. Иджы «повесть» къыдэбгъэкIын папщIэ тхакIуэу, дызэса литературэм и пщалъэм укъитIасэу утхэфу ущытын хуейкъым - ахъшэ уиIэмэ. зэфIэкIащ. Абы цIыху зэремыджэнури зыми щыщкъым. Ауэ нэгъуэщ1у щымыхъужкIэ, ари нэхъыфIщ. Гуауэр зыщ: ди гъащIэм апхуэдэ «щэнхабзэ» жьгъей къызэрыхыхьэрщ.

АрщхьэкIэ, мыдэкIэ къэдгъэзэжынщи, псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр дызытепсэлъыхь хуитыныгъэр зи мурадхэр щIэзымыуфэ  ди жагъуэгъу бзаджэм-США-р зи пашэ «КъухьэпIэ зэкъуэт» жыхуэтIэм къыдищIылIа «информацэ зауэм» Iэщэ лъэщу къызэрыщигъэсэбэпырщ дигъэжэкъуэн  папщIэ. Нэхъапэм дэ дызэгуэпырт «Америкэм и макъ», «Хуитыныгъэ», «Би-Би-Си» радиостанцхэм къатхэм тыншу дызэрамыгъэдаIуэм къыхэкIыу. Апхуэдэ Iэмал щыдгъуэтам   къыдгурыIуащ ахэри «пэж жызыIэ» къухьэпIэ газетхэри дыщIатIэну зэрыхьэзырыр. Ахэр  зыхуэлажьэр езыхэр зыгъашхэ тепщэ гупхэрщ, абыхэм я сыт хуэдэ унафэри ягъэзэщIэну хьэзырщ. КIэщIу жыпIэмэ, дагъэжакъуэ.

Ар къагурыIуащ ди жылагъуэм. Аращ цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ урысей IэнатIэхэм  хуащI дзыхьым щIыхэхъуар. Абы щыхьэт тохъуэ зэупщIахэм я процент 88-м хъыбарыщIэхэм телевиденэмкIэ зыщагъэгъуазэмэ нэхъ къызэращтэр.

Iуэхур цензурэр къежьэжыным хуэкIуэу къыщIэкIынущ. Ауэ цензурэм и мардэр сыт хуэдиз? Прессэм  я хуитыныгъэхэмрэ абырэ я зэхуакунур хэт зыгъэувынур? Мыбдеж лъэныкъуитIымкIэ щебгъэлеиныр шынагъуэщ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: