Жьы хъуахэр зэрахъуэкIКъэбэрдей-Балъкъэрым электрокъару зэрыкIуэ кIапсэу, абыхэм киловатту яIыгъым и куэдагъым емылъытауэ, псори зэхэту километри 153,7-рэ блэкIа илъэсым къриубыдэу зэрихъуэкIащ «Россети Северный Кавказ»-м. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ энергетикэм епха ухуэныгъэхэр тэмэму къэгъэсэбэпыным, абыхэм якIэлъыплъыным, щыIэ хъу ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжыным ехьэлIа техникэ мардэхэм япкъ иткIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, IэщIагъэлIхэм километри 103-м щIигъум щызэрахъуэкIащ жьы хъуа ток кIапсэхэр, абыхэм я пIэкIэ пкъохэм фIадзащ хьэфэхэкI зэшэкIа иджырей кIапсэфIхэр. ГъэпщкIуауэ электрокъару къыхэпшын мурадкIэ абыхэм уахэIэбэфынукъым, абы и фIыгъэкIи хэщIыныгъэу яIэ хъур игъэмэщIэнущ. А псом къадэкIуэу, уэздыгъэр щIэшэныр, зэпыча кIапсэхэр зэпыщIэжыныр, абы епха нэгъуэщI Iуэхухэри зи лэжьыгъэхэм ток къеуэнкIи шынагъуэ щыIэкъым.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|