Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущIэ.

Абы хэтащ 7-11 классхэм щеджэхэм я адэ-анэхэр. Я бынхэр Iуэху мыщхьэпэхэм щахъу­мэным теухуауэ абыхэм епсэлъащ школым и унафэщI Маргъущ ФатIимэ, егъэджакIуэхэр, къуажэм и нэхъыжьхэм я советым и унафэщI Гувэжыкъуэ Iэбусэ, полицэм и участковэ уполномоченнэ Бей Алим сымэ. 
Адэ-анэхэр щIэупщIащ сабийхэр хабзэншагъэм зэрыщыпхъумэну Iэмалу щыIэхэм, интернет щIэпхъаджащIэхэм я къэпхъэным ихуэ хъужыкъуэмэ щIапхъэхэм, ныбжьыщIэхэм я гупсысэр зэхэзещхъуэн умыщIу Iейм зэрыщыпхъумэнум. А псом теухуауэ чэнджэщхэр ягъуэтащ, еджапIэмрэ адэ-анэхэмрэ зэдэIэпыкъуу сабийхэр фIым хуаущиину, дахагъэм зэрыдрагъэхьэхынум хущIэкъуну, еджэным нэхъри зратынымкIэ Iэмалу щыIэхэр къагъэсэбэпыну зэгурIуащ. 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: