Гулъытэм и Iэужь

Бахъсэн районым егугъуу щагъэзащIэ Урысей Федерацэм и «Унагъуэ ныбжьыщIэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр» къэрал программэр. Абы и щыхьэтщ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур гуфIэгъуэ щытыкIэм иту унагъуэ ныбжьыщIэхэу 6-м ярита сертификатхэр. НаIуэу зэрыщытщи, апхуэдэ тхылъхэм Iэмал къуат фэтэр къызэрыпщэхуну е узыщIэсыну унэ зэрыбухуэну ахъшэ къеIыпхыну. 
ЯгъэфIахэр Баксаненкэ, Зеикъуэ, Кыщпэк, Къулъкъужын Ипщэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ, Къубэ-Тэбэ къуажэхэм ящыщщ. Абыхэм псори зэхэту сом мелуани 5,5-м щIигъу яIэрыхьащ. 
«Къэралым илэжь апхуэдэ Iуэхухэр щIэгъэкъуэн яхуохъу унагъуэхэр гъэбыдэным, цIыху узыншэхэр къытщIэхъуэным», - жиIащ муниципалитетым и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур. 
 

 

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд
Поделиться: