КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу

Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу православнэ чыристэнхэм сохъуэхъу махуэ НэхумкIэ! 

IутIыжым (Пасхэм) диныр зигу илъхэм гуфIэгъуэ, гугъапIэ ярет, IуэхуфIхэм хуегъэуш, хъуэпсапIэщIэхэм трегъэгушхуэ.  
Мы махуэм гулъытэ хэха хуэсщIыну сыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и православнэ чли­сэ­хэм я лэжьыгъэм, абыхэм ирагъэкIуэкI Iуэхур зыхуэунэтIар республикэм илъ зэкъуэ­тыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ, тхыдэ, щэнхабзэ щIэин бейр хъумэнырщ. 
Нобэ дызыхэпсэукI зэман гугъум ахэр жыджэру иужь итщ жылагъуэр пэжым хуэу­нэтIыным, лъапIэныгъэхэр хъумэным, щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным. Апхуэдэуи къыхэзгъэщыну сыхуейщ республикэм ис чыристэнхэр ди лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ ерыщу зэрытелажьэр.  
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми сохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ яIэну, я гугъапIэхэр къайхъулIэну. 

Поделиться: