Гъавэм къыхэхъуэ зэпытщКъэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм хьэцэпэцэрэ джэш хъурейуэ псори зэхэту иужьрей илъэситхум Iуахыжам процент 25-кIэ хэхъуащ. Нэгъабэ и закъуэ гъавэу кърахьэлIэжам хуэдиз зэи къайхъулIакъым - тонн мелуан 1,421-рэ. 2022 гъэм хьэцэпэцэу Iуахыжам нэхърэ ар процент 14-м нэблагъэкIэ нэхъыбэщ. Иужьрей илъэситIым республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыху гъавапхъэу тонн мелуаным щIигъу кърашащ губгъуэхэм. 2019 гъэм елъытауэ нартыхуу нэгъабэ кърахьэлIэжам процент 13-кIэ хэхъуащ, 2022 гъэм ебгъапщэмэ, проценти 4,2-кIэ нэхъыбэ. ЩIыналъэм гъавэр бэв зэрыщыхъум и фIыгъэ хэлъщ псы зыщIагъэлъадэ щIым къызэрыхагъахъуэ зэпытым.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|