Километритху зэрагъэпэщыжГъуэгу хозяйствэмкIэ «Кавказ» федеральнэ IуэхущIапIэм къызэрыхилъхьауэ, 2024 гъэм къриубыдэу, Налшык къалэ Идар Темрыкъуэ и цIэр зезыхьэ и уэрамым и машинэ зэблэкIыпIэу 4-м щыщу Р-217 «Кавказ» федеральнэ автомобиль зекIуапIэм и 450-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 455-нэм нэсыр къызыхуэтышэу зэрагъэпэщыжынущ. А Iыхьэр хохьэ Налшык и кхъухьлъатэ тедзапIэм хуэзышэм. Зи гугъу тщIы щIыпIэм автомашинэу щызэблэкIым я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу хэхъуащ. КъызэрабжамкIэ, жэщ-махуэм къриубыдэу ахэр мин 30-м щIегъу. Абы къыхэкIыуи, гъуэгум телъа асфальтым и щхьэфэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щетIысэхащ, языныкъуэхэм деж щызэгуэкIащ, вагъэмбэкъу теплъэ иIэ хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|