Си гъащIэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ«Уафэра хьэмэрэ хыра нэхъ иныр?» - сыщысабийм си анэм куэдрэ сеупщIырт абыкIэ. «Дауи, уафэращ нэхъ иныр», - къызжиIэрт си анэм. А псалъэхэр щызэхэсхкIэ, сыгуфIэурэ мамэ IэплIэ хуэсщIырти жесIэрт: «Уафэм и инагъым хуэдэщ-тIэ сэри уэ пхузиIэ лъагъуныгъэр». Сэ уафэр абрагъуэут си нэгу къызэрыщIыхьэр икIи абы и инагъым, и жыжьагъым кIэ зэримыIэм хуэдэу, си анэм хузиIэ лъагъуныгъэри мыухыжщ. А си псалъэхэр мамэ къызэрыщыхъуу щытар нобэ сщIэжыркъым, ауэ, нэхъыщхьэращи, гуми псэми къыбгъэдэкIыу абы щыгъуэм жысIахэм я мыхьэнэр сэ кIуэ пэтми нэхъ куууэ зыхызощIэ.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 11:00 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
|