Нэхъ лъэщыр зэхагъэкIКъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Налшык къалэм и «Каисса» шахматымкIэ уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхубзхэм я 66-нэ чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр. Абы щызэхуэзащ хъыджэбзих. КIэух зэпеуэр къекIуэкIыгъуитIу зэхэтащ, псори тIорытIэ зэхуэзэу. ИкIи джэгугъуипщI абыхэм ирагъэкIуэкIа нэужь я зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжри, наIуэ къэхъуащ япэ увыпIэр Яныкъуей жылэм щыщ Жантудуевэ Амалие зэриубыдар. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къахьащ налшыкдэсхэу Ахъмэт Аминэрэ Мирзоевэ Лалинэрэ. ЕплIанэ увыпIэм къыщыувыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнейрэ и чемпион хъуа Гасиевэ Людмилэ. ТАМОКЪУЭ Едыдж.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
|