Ди щIалэхэм медалибл къахьВладикавказ къалэм и «Манеж» спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ 16-м я бэнакIуэу 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалибл къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Бакъей Темболэтрэ (кг 38-рэ) Елмэс Къантемыррэ (кг 68-рэ). Дыжьын медалхэр къахьащ СантIыкъ Мусэ (кг 52-рэ), УнэлIокъуэ Сэлим (кг 68-рэ), Мусэ Амир (кг 100) сымэ. Хасауов Сэлихьрэ (кг 68-рэ) БжэныкIэ Тимуррэ (кг 75-рэ) ещанэ хъуащ. Иджы екIуэкIа зэпеуэр Урысейм и ныбжьыщIэ командэм хагъэхьэнухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэу щытащ. НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
|