Си лъэпкъ тхыдэрщ си дзапэ уэрэдыр

Сонэ Абдулчэрим нэхъыбэу зытетхыхьхэм ящыщщ усакIуэм гурэ псэкIэ игъафIэ и лъахэр, лъэпкъ тхыдэр, гъащIэмрэ зэманымрэ. УсакIуэр иропагэ, и псэм къыбгъэдэкI псалъэ IэфIкIэ егъэлъапIэ и лъэпкъ тхыдэр, зэи теплъэкъукIыркъым абы:
Си лъэпкъ тхыдэрщ си дзапэ уэрэдыр;
Илъэс мин зыбжанэм ар я макъщ.
Тхыдэ инхэр мы дунейм щыкуэдми, 
Сыхуэхъуапсэ мыхъумэ, 
СыблэхъуэпсыкIакъым сэ ди лъэпкъым
(«Дзапэ уэрэд»)
УсакIуэ набдзэгубдзаплъэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ дунейм и теплъэр IупщI дыдэу, зы псалъэ-псалъитIкIэ уэзыгъэлъагъуф, гукъинэ пщызыщI усэ куэд –  кIэщI дыдэу,  пычыгъуэ,  едзыгъуэ цIыкIухэу гъэпсауэ:
Удзыпэ къэси, жыг тхьэмпэ  псоми
Гъуджэ – ткIуэпс цIыкIухэр псыпсу яфIэскъэ;
ТкIуэпсхэм къащIопсэ дыгъэпс къепсыхри
Псырылъэ псыгъуэу бзийхэр ирашкъэ.
(«Уэшх нэужьым си лъахэр»)
Сонэм и мащIэкъым сабийхэм яхуитха усэхэр, ахэр адрей тхыгъэхэм къахолыдыкI. УсакIуэм куууэ зыхещIэ сабийм, цIыху ныбжьыщIэм и гурыгъу-гурыщIэхэр, усэ шэрыуэкIэ еIуэтэф сабийм и дунейр, и хьэл-щэныр, абы и псэр зыгъэхыщIэмрэ и гур хэзыгъахъуэмрэ. «ЦIыкIуу къемыжьэ ин хъуркъым», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Сабиигъуэ дахэ зэримыIари, гугъу зэрехьари, гъащIэм и нэщIэбжьэ зэрилъэгъуари игу ихуркъым, ауэ ар абы гу щIыIэ-псэ щIыIэ ищIакъым, гужьгъэжь цIыхухэм яхуищIын хуэдэу. УсакIуэм дунейр къыдофIэрафIэ, щIылъэр къыдощIэращIэ. ЦIыхухэрщи, Iэ щIыIум тесу кърихьэкIынут, апхуэдизкIэ фIыуэ елъагъури. Ем IумыщIа цIыхум фIыр зищIысыр ищIэркъым. НатIэкIэ жьэхэмыуауэ, имыгъэгузэсауэ, и фэ дэмыкIауэ, псэзэпылъхьэпIэ ихуэу имыгъэунэхуауэ цIыхум зыхищIэркъым фIымрэ Iеймрэ, нэсуи пщIэ хуищIыфыркъым гъащIэм и IэфIагъым. Мы жытIахэм я щыхьэтщ мы усэ цIыкIур:
Шыбгъэм сыкърилъхьэу ажалыр мыджэгуамэ,
Гъыбзэ зыусахэр къызгурымыIуэнт.
Лъэпощхьэпо куэдыр къызэмыгуэуамэ,
Фэм дэхуэну псори сыткIэ сэ къэсщIэнт?
Гъатхэм и IэфIагъкIэ псэм зимыпсыхьамэ,
Ар дыджыгъэ залэм щIэхутэнт и лъэгу.
ПсэмкIэ Дыгъэр Псэщи, ар къыпхуемыгъэпсамэ,
Мы дунейм утеткъым – езыр тетщ уи щIыгу.
(«Шыбгъэм сыкърилъхьэу симыгъэзджызджамэ»).
ЦIыхубэм, тхылъеджэм захуегъазэри, усакIуэр и гурыщIэ батэм къызэщIиIэтауэ, и псэм къабыл къыщымыхъуу, мэхъашэу, зыгъэпIейтейуэ щыIэ Iуэхугъуэ мыфэмыцхэм щIоупщIэри езым жэуап иретыж мы сатырхэмкIэ:
Щхьэ сыблэмыкIыфрэ, си гур щIэмыузу,
Гъуэгум хьэ зеиншэ щыслъэгъуа нэужь?
Зи Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым щыщ гуэр зыдэмыбзхэр
ЦIыхубэ къуаншагъэм сфIощIыр я Iэужь.
Афэ джанэ щыгъкъым си гу пцIанэ шырэм – 
Гурыгъу-гурыщIэбэм я уэрам шэщIащ.
Емрэ фIымрэ я кум сыхуэзат шэрыуэу,
Мы дунейм и къуэпсым быдэу сыпыщIат.
Аращ, тхьэм ирещIи, усакIуэр зэрыщытын хуейри. Гу пцIанэу, нэгъуэщIым и гурыгъу-гурыщIэр ищIэу, зыхищIэу, гущIыхьэ щыхъуу, ахэр къимыгъэхъун папщIэ, ем щихъумэу. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, жырым хуэдэу быдэу, жыджэру, зыгъэлажьэ лъыр къабзэу, зейр усакIуэ нэгъэсауэ щытмэ, нэ жанкIэ гъащIэм езыгъэплъ и гумрэ и псэмрэ шыIэгъуэ имыIэу ар къызыхэкIа лъэпкъым къалэмкIэ хуэлIыщIэну и къалэнщ. Апхуэдэ усакIуэрщ зи гъащIэри, зи гуащIэри, зи щIэныгъэри щIэблэм щхьэузыхь яхуэзыщIыр, къытщIэхъуахэм щапхъэ нэс езыгъэлъагъуфыр, егъэджакIуэ тэмэм, чэнджэщэгъу акъылыфIэ, фIы и фIыж узэщIакIуэ, гъэсакIуэ-ущиякIуэ щыпкъэ яхуэхъур.
«ПыIэзэфIэхь зэман» тхылъыр Сонэ Абдулчэрим зыхуитхар нэхъыбэу щIэблэрщ. УсакIуэр зыгъэпIейтейри, зытегузэвыхьри, зетелажьэри ахэр гъуэгу махуэ, гъуэгу дахэ тегъэхьауэ насыпыфIэ хъунырщ, гъэсэныгъэ тэмэм етауэ узыншэу къэхъунырщ. Прозэу дэ къедгъэкIуэкI Iуэхугъуэ псори зэгъэкIуауэ, зи гугъу ищIыр уи нэгу къызэрыщIигъэхьэ Iэмалхэр гъэщIэгъуэну, усэбзэкIэ лъэщу къыщиIуэтэфащ Абдулчэрим «Зи щIалэгъуэ» усэм:
Зи щIалэгъуэ, зи дахэгъуэ,
Гугъэр вагъуэу зыгъэлыд,
Уафэм уи щIыхь къыщолъагъуэ – 
ЗекIуэлI и лъэр имыубыдын.
Псэу, уэрэдыр уи шу гъусэу – 
Гу щыпхуэхункIэ мы дунейм;
Уринобэщ уэ дыгъуасэм,
И пшыналъэр уэрщ пщэдейм.
БлэкIа гъащIэм, тхыдэм кIуэцIрыплъыфу, абы дерс къыхихыфрэ нобэрей  псэукIэм иригъэкIуфу, къылъыкъуэкIынкIэ хъунур иубзыхуфу, абы егупсысыфу щIэблэр бгъэсэн папщIэ, дауи,  ущие зыхэлъ  усыгъэ уиIэн хуейщ. 
ЦIыхуу щыIэм зыщ я дыгъэр,
Зэхигъэжу ар къемыпс,
ЗыгъэлъапIэр зэкъуэшыгъэр
Псэ узыншэм ещI гунэс.
ЛIыгъэ зиIэм егъэбагъуэ
Адэ-анэм я нэмыс.
Бын цIэрыIуэр дэрэжэгъуэщ,
Лъэпкъым дежкIэ ар насыпщ.
(«Зи щIалэгъуэ»)
ЦIыхур зэрыхъунур и натIэм къритхауэ къалъхуу жаIэ языныкъуэхэм, адрейхэм – и гъащIэр езы цIыхум и IэрыщIу къалъытэ. А Iуэхум бгъэдыхьэкIэ Iэджэ иIэщ, ауэ усакIуэ Сонэ Абдулчэрим мыпхуэдэущ абы зэреплъыр:
Удзыр къокI зыхуэдэр белджылыуэ:
Зыр банэжьмэ, адрейр – къэдабэщ.
Жыгми ар я хабзэщ: зыхэр блашэщ,
Языныкъуэр – псей щхъуэпс къудамэбэщ.
ЦIыхухэрщ ямыщIэр зыхуэдэнур:
Къалъхуа цIыкIуу батэр зыхуагъэшхэм, 
КъыпхуэщIэнкъым лъэпкъыр зэхъуэхъунур, -
Ябгэ хъуну цIыхури дамыгъэншэ?
(«Удзыр къокI зыхуэдэр белджылыуэ»)
УсакIуэ цIэрыIуэ гуэрым зэрыжиIэгъащи, дэтхэнэ усэ сатырми гугъуехьищэр пыщIащ, ар гущIэм щызэпэща хъун щхьэкIэ, усакIуэм и фэм Iэджэ докI. Апхуэдэущ Абдулчэрим и усэхэр дунейм къызэрытехьар – абы и дэтхэнэ псалъэри и дэтхэнэ сатырри Iэджэрэ «щIиплъыкIауэ», и гущIэлъапсэм къыщIигъэвыкIыурэ щхьэж хуэфэщэж плъыфэрэ фащэкIэ игъэпсауэщ дунейм къызэрытехьэр. Абы и щапхъэщ Абдулчэрим и усыгъэхэм я нэхъыбапIэр. Сонэр псалъэм и пщIэмрэ и къарумрэ куууэ зыхэзыщIэ усакIуэщ.
УЭЛДЖЫР Аринэ.
Поделиться: