Гъатхэмэ къапехКъэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы-хьэу яухуа гъуазджэ галереем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я лэжьыгъэхэр. Ахэр Сокъур Каринэ, Кантиев Заурбэч, ПIаз Iэминэ, Романовская Ленэ, Атэлыкъ Мариам, Гузеевэ Наидэ, Бадэ Алим, Жэбалы Заирэ, Иуан Рустам сымэщ. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым и псалъэм къыхигъэщащ выставкэм лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, щхъуэкIэплъыкIэхэр утыку къызэрыщрахьар. Ар художникхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ яIэну, я зэфIэкIхэм хагъэхъуэну, апхуэдэ лэжьыгъэхэмкIэ республикэм исхэр иджыри куэдрэ ягъэгуфIэну!
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
|